Тыркум къикIыжа адыгэу хэкум ирахужыну зыхэтахэр хейуэ къилъытащ хьэкум нэхъыщхьэм


Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щиухащ хьэкум зэныкъуэкъуныгъэр, Тыркум къикIыжа адыгэхэм я дефтерхэр къытырахыжу, къэралым ирахужыну зэрыхэтам теухуар. 

Хьэкумым унафэ къищтам къызэрыхэщымкIэ, Тыркум и цIыхуу адыгэ хэкум ирахужыну хэтахэр хейщ, я дефтерхэри тэмэмщ, Урысейм къинэнуи хуитщ. 

Федерал Iэпхъуэныгъэ къулыкъум абыхэм я дефтерхэр икъутэжыну яужь ита щхьэкIэ, арыхэ хьэкумыми, хьэкум нэхъыщхьэми къагъэлъэгъуащ Тыркум къикIыжа адыгэхэм дагъуэн щымыIэу.

Нэхъ ипэIуэкIэ Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм къызэрыхэщащи, Федерал Iэпхъуэныгъэ къулыкъум и Къэбэрдей-Бэлъкъэр къудамэм икъутэжащ Урысейм щыпсэуну хуит зыщI дефтерхэр Тыркум и цIыху 26-м ейхэр. 

Абыхэм щыщу 7-р я хэкум къэкIуэжауэ адыгэу, илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щыпсэуу арат.

Абыхэм я унэхэр щIащыкIыурэ протоколхэр ятхащ, Тыркумрэ Урысеймрэ я зэхуаку политикэ ныкъусэныгъэхэр къыдэхуа нэужь, Тыркум Урысейм и кхъухьлъатэ Сирием щызауэр къыриудыха нэужь.

Адыгэ Тыркум къикIыжахэр хэкум ирахужыну шынагъуэ щыIэ хъуа нэужь, жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм комитет хуэдэу зы гуп къызырагъэпэщри, жыджэру мы Iуэхум елэжьащ. Iуэхур къызэрекIуэкIар къеIуэтэж а комитетым хэта Бабыгу Эргун:

«Iуэхур къызэрекIуэкIар - дефтерхэр къытырахыжыну яужь ихьахэщ. Ар къызытырахыжынухэр хьэкумым кIуащ, ди Iуэхур зытетыр мыращ жаIэри тхьэусыхащ. Дефтерхэр тэмэму яIэт, унэхэм щытхат тэмэму, ауэ я унэм щамыгъуэта хуэдэу ар щхьэусыгъуэ ящIри прокуратурэм иратат. Хьэкумыр къахьащ тхьэусыхахэм, ауэ зы мазэ пIалъэкIэ лъэныкъуитIри, хабзэм къызэригъувым хуэдэу тхьэусыхэну хуиту. Апхуэдэу иту къыдатыжащ дефтерхэр, щIалэхэми ялъэдгъэIэсыжащ. Хьэкум нэхъыщхьэм дежи Iуэхур щызыфIэкIа хуэдэу хъыбар гуэрхэр щыIэщ, ауэ «Хьэкум нэхъыщхьэм иратащи фыкъакIуэ», - жаIэу ди щIалэхэм зыми къыжыраIакъым. Абыи зэман тхьэусыхэну яIэщ, дощIэр, дыпоплъэр, догугъуэр зыфIэкIауэ».


Хэкум ирахужыну зи яужь къихьахэм Iуэхур хэIущIыIу ящIу, тхьэусыхэу щымытами, мы Iуэхур хуабжьу Iуащ, икIи псалъэмакъышхуэ къикIащ. ЦIыху 26 щхьэкIэ протоколхэр ятха пэтми, адыгэу абыхэм хэтахэм щхьэкIэщ псалъэмакъ къыщIэхъуар. 

Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, Тыркуу зыкъалъытэжкъым, Тырку къэралым и политикэм зыри хуаIуэхукъым, икIи я гъащIэри, я къэкIуэныри зыпащIэр я хэкужьыр аращ. 

Абыхэм я паспортхэр Тырку паспорту зэрыщытым къыхэкIкIэ, Федерал Iэпхъуэныгъэ къулыкъум ахэр къелъытэр тыркуу, икIи лъэпкъэгъуу хэкум къэкIуэжахэм хибжэкъым. 

Федерал программэ лъэпкъэгъухэр хэкум къэшэжыным Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр хэткъым, икIи Тыркум къикIыжхэри, Сирием къикIыжхэри я хэку къэкIуэжа хуэдэу къэрал хабзэм къилъытэкъым, ар мыхъуу хамэ къэрал лэжьакIуэ гуэр Урысейм къэкIуауэ апхуэдэущ къызэригъувыр.

ИлъэсиплI  ипэкIэ хэкум къэкIуэжауэ щыпсэу нэрыбгэм зэрыжиIэмкIэ, адыгэ хэкум къеIэхэм дефтерхэр тэмэму зытраухуэн щхьэкIэ илъэс бжыгъэкIэ йолэжь. 

Абы хэтщ визэхэри, пIалъэкIэ Урысейм ущыпсэуну хуитыныгъэ къозытри, улажьэну хуитыныгъэ къозытри, итIанэ пIалъэншэу Урысейм ущыпсэуну хуитыныгъэ къозытри. Абыхэм дыщIыгъу мэхъу дохутырым узэрыкIуэ дефтерхэри, нэгъуэщI Iэджи. 

Иджыпсту ахэр хэкум ирахужауэ щытатэм, а дефтерхэр псори къутэжынут, икIи иужькIэ илъэс бжыгъэкIэ аргуэру ахэр зыфIагъыхьэжу къыкIэлъакIухьын хуей хъунут.

Хьэкум нэхъыщхьэм и унафэм щхьэкIи Федерал Iэпхъуэныгъэ къулыкъур тхьэусыхэну хуитщ. Абы и пIалъэр тхьэмахуитI дэкIым икIыну аращ, икIи абы щыгъуэщ Iуэхур зыфIэкIауэ къыщалъытэныр.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио

Бэрокъуэ Артур