Мурзэкъан Абубэчыр: «Адыгэ Iуэху зезымыхуэхэр утыкум фикI

Мы гъэм щакIуэгъуэ мазэм и 5-м «Адыгэ Хэкужь- Черкесия» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Мурзэкъан Абубэчыр Тырку къэралым щыпсэу адыгэхэм яхуэгъэза тхыгъэ утыку къырилъхьауэ щытащ. Мы тхыгъэр адыгэ Iуэхум елэжь куэдым я гум дыхьауэ щытащ. Абы къыхэкIкIэ, мыпхудэ тхыгъэ утыку къыщIырилъхьэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр къатщIэным папщIэ зыхуэдгъэзащ езы Мурзэкъан Абубэчыр. ИкIи абы жэуапу къыдитыжар мыращ:

Сыт мы зыхуэгъазэныгъэр щIэфщIын хуей щIэхъуам и щхэусыгъуэр?

Мы ди зыхуэгъазэныгъэр щIэтщIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр Хьэгъундокъуэ (Аслъэнкау) Яшар - Дунейпсо дыгэ хасэм хэт лIыкIуээр, КАФФЕД-м и тхьэмадэр и Хэкум къызэрырамыгъэхьэхьажымрэ абы къирикIуа мыхъумыщIагъэхэмрэщ. Мыбы хуабжьэу дигъэгубжьащ! Мы щIалэр къыздырамыгъыхьэжар езым и адэ Хэкужьщ. Адыгэ Хэкур Урысейм къизэуа щхьэкIэ мыр дунейм адыгэу тетым ди зэхуэдэ зы Хэкущ! Мыбы ди лъэпкъэгъухэу дунейм дэтхэнэ зы къэрал щыпсэуми хуиту къагъэзэжыфу, щыпсэууэ щытын хуейщ! Абы, хэт лъэпо-щхьэпо хуэхъуми ар ддэнкIэ зы Iэмал зимыIэхэ Iуэхугъуэщ. Зы тхуэмыщIэми адыгэу мы дунейм тетыр абы зейкI арэзы техъуэ хъункIэ Iэмал зимыIэщ! Ар зэрыдмыдэнур псоми зы жьэу жытIэн хуейщ!

АдэкIэ мы Iуэхум къырикIуа хьэдагъуэдахэри утыку къидмылъхьэу дыблэкIынкIэ зы Iэмал иIэкъым! Мы щIалэ и адэ Хэкужь къырамыгъыхьэжар зыхэт Дунейпсо Адыгэ Хасэми, КАФФЕД жыхуаIэми хэтхэм зы псалъэ мы Iуэху хьэдагъуэдахэ къэхъуам теухуауэ жаIэфакъым. Псоми «ди гугъу къамыщIарэт»- жаIэри къащтэхэри щIэтIысыкIыжахэщ! Абы къигъэлъагъуэр адыгэгуи, адыгэпси зэрахэмылъырщ! Псори щтапIэ зэритырщ! УубзэкIэ, ушынэу къуэгъэнапIэ укъуэскIэ, адыгэ Iуэхур кIуэта хъунукъым. Апхуэдэу щытхэм адыгэ Iуэхур ялъахъэу аращ.

ДАХ-м адыгэ Iуэхуи зэрихуэркъым, зезыхуэни хэтхэкъым, мыбы хэтым я нэхъыбапIэр бзэгузехьэу Урысей щэхурылажьэхэм яхуэлажьэу аращ. Хэкум къэкIуа нэужь гъэпщкIуауэ къэрал къулыкъузехьэхэм я гъусэу нэгузыужьыу къакIухьри дэтхэщ. Лъэпкъ Iуэху зезыхуэ щIалэхэм Iэмал яIэу зыхуагъазэркъым. Зэкъуэхуауэ яхуэза нэужьми псалъэ жаIахэми тебгъуэтэжкъым. Хэкум къэкIуэжа зы мащIэр хьэм хуэдэу къырахуэкIыр, къырамыгъэхьэжри нэхъыбэщи абы теухуаэ зыри жаIэркъым, икIи ящIэркъым. Я жыIэ-защIми зыри къикIыркъым. КАФФЕД-ым Кавказ гуэрым и Iуэху зэрехуэри адыгэ Iуэхур я IэщIыбщ! Дэ ди Iуэхур Кавказкъым! Дэ ди Iуэхур АДЫГЭ IУЭХУЩ!

Дунейм и къэрал куэдым щызэбгырыдза адыгэхэм я бжыгъэр мелуан 8 –м щыщIэдзауэ I3-м нэсыхункIэ мэхъухэр. Дэ псоми зетхуэн хуейр ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхущ. НэгъуэщI лъэпкъхэм езым ящхьэ Iуэхур дэрыншауи фIы дыдэу зырахуэжыф. «ЕмылъэIу щIыхьэхужьыу» КАФФЕД жыхуаIэр «хамэкIутIууэ» дэтщ! Дапщэщ АДЫГЭ IУЭХУ щызефхуэнур?

ТЩIЭН ХУЕЙР: I) Зы бзэ, зы тхэкIэ, зы жыIэкIэ. 2) Лъэпкъ фонд 3) Ди щIалэгъуалэм я Iуэхур зэрахуэжыфыу. ЩIалэгъуалэ къудамэ лъэщ щыIэн хуейщ. Ди къакIуэнур ахэращ! 4) Лъэпкъыр зэрыбагъуэн. 5) ЩIалэгъуалэр егъэджэн. 6) Дунейм дэнэкIи адыгэу тету лъэпкъар зэпыщIэн. 7) Зы дыхъужын. 8) Адыгэу хъуам ди Адыгэ Хэкужьым къагъэзэжын. – Мис мыхэращ АДЫГЭ IУЭХУР! ФХУЗЕМЫХУЭНЫМ ,ФХУЭМЫЩIЭНЫМ УТЫКУМ ФИКI!