Хьэткъуэ Мариан и IэдакъэщIэкIхэр «Гранд Кавказ» хьэщIэщым къыщагъэлъэгъуащ


«Гранд Кавказ» хьэщIэщым гъэлъэгъуэныгъэ щIэщыгъуэ къыщызэIуахащ. Абы утыку къыщрахьащ Сирием и къалащхьэ Дамаск къиIэпхъукIыжа  ди хэкуэгъу Хьэткъуэ Мариан и гобеленхэр.

2012 гъэм адэжь щIыналъэм къэIэпхъуэжа Мариан декоративно-прикладной гъуазджэм дехьэх. Гобеленыр зэращIым и щэхухэм езыр-езыру зыхигъэгъуазэри, ищIын щIидзащ. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ Мариан и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ 26-рэ. Зи теплъэкIи, плъыфэкIи, хиухуэ-на дамыгъэхэмкIи, сурэтхэмкIи зэщхьэщыкI дэтхэ-    нэ и зы лэжьыгъэри удэ-  зыхьэхщ, нэр зыгъэгуфIэщ. Псом хуэмыдэу уасэ зимыIэщ адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр зыхиухуэна и лэжьыгъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм пэш блынхэр ирибгъэдэхэну, саугъэт папщIэу цIыхухэр ирибгъэгуфIэну.


Къэбэрдей-Балъкъэрым  Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель Хъуажь Фахъри и псалъэм къыхигъэщащ Мариан и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр утыку къызэрырихьар гуапэ зэрыщыхъуар,  абыхэм цIыхухэр гъащIэм и дахагъэм, фIым, къабзагъэм, гъуазджэм зэрыхуаузэщIыр.

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и унафэщIым и къуэдзэ Леонтьевэ Нинэ жиIащ щIэупщIэ зиIэу ижь-ижьыж лъандэрэ къекIуэкI гобеленым уелэжьын папщIэ шыIэныгъэшхуэ убгъэдэлъын зэрыхуейр, абы зэманышхуэ зэрытекIуадэр. Ар Мариан ехъуэхъуащ и зэфIэкIхэм хигъэхъуэну икIи кърихьэлIахэр къыхуриджащ я унэхэр гобеленхэмкIэ ягъэдэхэну.


Мариан и щхьэгъусэ Соснакъ Ибрэхьими гъуазджэм и цIыхущ, скульпторщ. Марианрэ Ибрэхьимрэ зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ къащIохъуэ. Ибрэхьим и къуэш Мухьэмэд адыгэ бгырыпххэр, бгъэIулъхэр, лъэпкъ фащэхэм ехьэлIа нэгъуэщI хьэпшып дахэхэр егъэхьэзыр. Ахэр я щапхъэщ хамэ къэралхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэм Урысейм щыIэ гъащIэм зэрызыхагъэзагъэм, лэжьыгъэм, дахагъэм я гур зэрыхуэкъабзэм.
Мариан Дамаск дэт къэрал университетым инджылыз литературэмкIэ и факультетыр 2004 гъэм къиухащ. Ар журналистщ. «Музыка Сирии» электрон журналым и «Гъуазджэ» къудамэм и редактор нэхъыщ-хьэу 2006 – 2007 гъэхэм лэжьащ. Кувейтым, Сирием къыщыдэкI художественнэ журналхэм папщIэ зэридзэкIащ гъуазджэм теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ зыбжанэ. КъищынэмыщIауэ, щэнхабзэмкIэ Интернет сайтхэм ядолажьэ. Газет-хэм папщIэ хьэрыпыбзэкIэ рассказхэр, Сирием и театрым щагъэувыну спектаклхэм я сценарий зыбжанэ итхащ. Иужь дыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIар зауэм триухуащ. Мариан и щIэныгъэм зэпымыууэ хегъахъуэ. Урысыбзэр зригъащIэри, КъБКъУ-м и журналистикэ къудамэм и магистратурэр 2014 гъэм къиухащ.


- ГъащIэм куэд зэрыщызэзгъэхъулIэным сыхущIокъу: журналистикэм ехъулIэныгъэхэр сыщиIэну, рассказхэмрэ пьесэхэмрэ стхыну, зэздзэкIыну, дэрбзэр IэщIагъэм зыхэзгъэгъуэзэну сыхуейщ. ГъащIэр езыгъэфIакIуэ, нэхъри зыгъэдахэ Iуэхугъуэ псоми сыдахьэх. Гумрэ псэмрэ щыщ Iыхьэ зыхэлъ гъуазджэ хьэпшыпхэмкIэ цIыхухэм уащыхуэупсэкIэ, псэкIэ нэхъ гъунэгъу уахуохъу, – жеIэ Мариан.

Хьэткъуэ Марианрэ и щхьэгъусэ Ибрэхьимрэ фIыщIэ хуащIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэрагъэпэщынымкIэ къадэIэпыкъуахэмрэ абы кърихьэлIахэмрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ
Сурэтхэр Шыбзыхъуэ Астемыр трихащ.

Адыгэ Псалъэ