КIуэкIуэ Юрий ­зи ныбжьыр илъэси 127-рэ ­ирикъуа Адыгэ бзылъхугъэм ехъуэхъуащ


 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий ­гъатхэпэм и 7-м Зеикъуэ къуажэм щыIащ зи ныбжьыр илъэси 127-рэ ­ирикъуа Щауэ Нану ЦIыкIу и пхъум ­ехъуэхъун папщIэ.

Бзылъхугъэхэм я махуэмкIэ гуапэу ехъуэхъури, КIуэкIуэм нанэ Iумахуэм ­тыгъэхэр хуищIащ, икIи щIэупщIащ ­сыткIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуфынуми.
Нану фIыщIэ къыхуищIащ Iэтащхьэм.

Щауэ Нану ящыщщ зауэ зэманым жэщ- махуэ ямыIэу лэжьахэм. Мы бзылъхугъэм бынитху, къуэрылъху-пхъурылъхуу пщы­кIух, абыхэм къатепщIыкIыжауэ сабий 31-рэ иIэщ. КIэщIу жыпIэмэ, къэралыр ап­хуэдэхэращ быдэ зыщIыр, зыхужаIэхэм ящыщщ.

Къыхэгъэщыпхъэщ: и ныбжьыр илъэс 90-м щхьэдэхауэ Зеикъуэ цIыху 14 мы зэманым дэсщ.

Багъэтыр Луизэ

Адыгэ Псалъэ