Накъыгъэм и 27-м Абхъаз республикэм и къалащхьэ Сухум и деж абы щыпсэу цIыхубэм зэрыжаIэмкIэ гъатхэ зэхуэс, информ къулыкъухэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ оппозицэм и пэкIу щызэхыхьащ. Мы зэIущIэм къэрал унафэщIхэм я оппозицэм и пашэхэм утыку къралъхьащ икIи цIыхубэри къыхураджащ зэманыр мы республикэм и унафэщIхэр хъуэжыным хуэкIуауэ.
Оппозицэм иджыри бжьыхьэм щыгъуэ утыку кърилъхьауэ щытат республикэм и президент Александр Анкваб ахэм къагъэув Iуэхугъуэхэр къимыщтэу щытмэ цIыхубэр уэрамым къыдашэну.
Мы пэкIур ящIын мурад щIаIар къэралым и кIуэцIым илъ гумащIэгъуэхэр къаIэтыным папщIэщ. Накъыгъэм и 27-махуэм цIыхубэр президентым и IуэхщIапIэм и деж щызэхуэса нэужьым президент Анкваб и деж епсалъэну оппозицэм щыщ цIыху зыбжанэ щIыхьа иужькIэ езы къэрал унафэщIым IуэхущIапIэр ибгынащ. ИкIи иджыри къыздэсым президент IуэхущIапIэр оппозицэм я IэмыщIэм илъщ. Мы Iуэхур къызыхэкIам и лъабжьэ щIэлъыуэ Абхъаз къулыкъущIэхэм я оппозицэм и пашэхэм ящыщ Рауль Хаджимба жиIар мыращ:
«Мы илъэс президентыр и къулыкъум щытетахэм абы зыми Iэмал иритакъым я лэжьыгъэр ягъэзащIэну. Абы псоми япIэкIэ ахэм я лэжьыгъэр хъунуми мыхъунуми игъэзэщIащ. ИкIи ахэр езым и пщэм зэрыдилъхьэжам ипэжыпIэкIэ ди къэралыр зылI и унафэм щIигъэуващ».
Мы псом къыдэкIуэу уэрамым къыдэхьа цIыхухэм яубыдащ республикэм и телевидение IуэхущIапIэр. Мы Iуэхугъуэм теухуауэ Абхъаз республикэм и президент Александр Анкваб жиIар мыращ:
«ЦIыху гупышхуэ, Iэщэ зыIыгъхэри яхэту абхъаз телевидением кIуэхэри къарукIэ яубыдащ. ГурыIуэгъуэщ хъумакIуэхэм я къалэн зэрагъэзащIэфынутэр, ауэ абы къикIынкIэри хъунур псоми къыгуроIуэр, ар апхуэдэу щIамыщIар. Абы къикIыр дэ иджырикI хэкIыпIэ диIэу аращ Iуэхур хабзэм ипкъ идгъэувэжыну».
Абхъаз лъэпкъым куэдкIэ пыщIауэ щытщ адыгэхэри. ИкIи Куржы-Абхъаз зауэм и зэман лъандэрэ мыбы щызэуа адыгэ куэд абхъаз республикэм иджыпсту къыщекIуэкIхэм кIэлъыплъхэу абы иригузавэхэу щытщ.
Псалъэм пащIэ КъБР-м щыIэ абхъаз зауэм езым я гукъыдэжкIэ щызэуахэм я зэгухьэныгъэм хэт Шорэ Андзор иджыпсту Абхъаз республикэм къыщекIуэкIым и лъабжьэ щIэлъым теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къыжриIар мыращ:
«Абхъазым и президент Анкваб оппозицэр зэрыхуэмыарэзыр зы Iуэхукъым, зыкъомщ. ИкIи нобэкъым ар щыщIидзар. Президентыр зэрыхахрэ Анкваб куэд щыгугъащ. Езыр полицэм и нэхъыщхьэу лэжьати республикэм къыщекIуэкI дыгъуэр нэхъ мащIэ ищIыну, нэхъ шынагъуэншэ, къэрал хабзэр лажьэу ищIыну. Ар щхьэкIэ ар къызэрытеувэрэ цIыху къэралым и кIуэцIкIэ къыщекIуэкIымкIэ мыарэзыр нэхъыбэ хъуащ».
Нэхъыбэу президентым и лэжьыгъэхэмкIэ мыарэзыуэ а Iуэхугъуэхэм япэ итхэмрэ ахэм я мурадхэмрэ теухуауэ Шорэ Андзор жиIар мыращ:
«Хуэарэзыхэкъым, абы къыщынэмыщIа цIыхухэр игъэшынэну иужь ихьащ. ИкIи ар тIэкIуи къехъулIат ауэ абхъаз зауэм хэтахэм зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщри ахэр утыкум иувэхэри ахэм цIыхухэри къаIэту щIадзахэщ. Оппозицэм и пашэу щытщ Рауль Хаджимба. Ар къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ зауэ IэнатIэм и тIасхъэщIэххэм я нэхъыщхьэу щытащ. Ардзинбэ и гъунэгъуу щытахэм ящыщщ, абы къыщынэмыщIа Аслан Кабахия ,зауэм щыгъуэ топ гъауэхэм я нэхъыщхьэу щытащ, нэгъуэщI зауэм жыджэру хэта щIалэ зыбжани ягъусэхэу. Социал гумащIэгъуэхэм нэмыщI ахэм иджыр и зы гумащIэгъуэ къаIэт: «Зауэр иуха нэужьым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ дызэфIагъэкIуэд»- жаIэри».
Абхъаз республикэр абхъаз-куржы зауэр 1993 гъэм зэриух лъандэрэ щхьэхуэу зэрыпсохэм.
Ауэ ар зэкIэ къэрал щхьэхуэу къэзылъытауэ дуней псом и къэралхэм щыщу щыIэр Урысей къэралыгъуэмрэ нэгъуэщI къэрал цIыкIуитIрэщ. ИкIи мы республикэм и щIыналъэр фIыуэ щытми абы ис цIыхухэм зызэраужьыр хуэм дыдэущ. Ар нэхъыбэу къызыхэкIыуэ мыбы ис цIыхухэм ящыщ куэдым къалъытэр я унафэщIхэр аращ.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал