"Адыгэ нэхъыжьхэр" жыхуиIэ хасэр арэзыкъым адыгэхэм къыращIылIа геноцидыр Украинэм къищтэну

Адыгей республикэм ис нэхъыжь хасэм цIыхубэм зыхуигъэзащ, жылагъуэ IуэхущIакIуэ гуэрхэм Украинэм зэрызыхуагъэзам щхьэкIэ, адыгэхэм я геноцидыр къащтэну елъэIуу. Лъэпкъ нэхъыжьхэм къызэралъытэмкIэ, "адыгэхэм я геноцидыр къафщтэ" жыпIэу къэрал гуэрым зыхуэбгъэзэныр емыкIущ, ар зэраныгъэ къэзыхь Iуэхугъуэщ, икIи Адыгэ Хабзэм къезэгъкъым, лъэпкъыр зыхущIэкъу псэукIэ дахэми зэран хуохъу.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, куэд мыщIу Адыгей республикэм щыщу жылагъуэ IуэхущIакIуэ зыбжанэм Украинэм тхыгъэ ирагъэхьащ, адыгэхэм я геноцидыр къащтэну елъэIуу. Абы Iэ щIадзащ "Адыгэ хэкупсэхэ" жыхуиIэ зыщIэхъеиныгъэм и тхьэмадэ Хуадэ Аднан, "Натпресс" хъыбарыбэ Iэмалым и редактор Шаззо Аслъэн, адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ цIэрыIуэ Ташу Евгений, нэгъуэщIхэми. А тхыгъэм кIэлъыкIуэу кIэщкIэ Iэ щIэзыдзахэр псори ираджащ "Экстремизмым ебэнын купсэм".

Шаззо Аслъэн иужькIэ итхыжа тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ, абы а тхыгъэм Iэ щыщIидзым, щыгугъуакъым адыгэ лъэпкъым и сэрэпышхуэ абы къыпыкIыну, амыхъу Урысейм лъэпкъ лъэIухэр зэрызыхимыхым къыхэкIкIэ, нэмыщI къэралым зыхуигъэзау аращ, апхуэдэу нэхъ зыхахыну къыщыхъури.

Экстремизм бэнакIуэхэм я упщIэ нэхъыщхьэу щытам и мыхьэнэр - абыкIэ Урысейм зэран фыхуэхъуу къыфщыхъукъэ? - жыхуаIэр аращ. Ауэ, Шаззом зэрыжиIэмкIэ, Урысейр езыр и щхьэм зэран хуохъуж, дунейпсор бий къызэрищIымкIэ, икIи зы тхыгъэ гуэркIэ абы зэран ухуэхъужыфын хуэдэу щыткъым. "Украинэр иджыпсту демократие щхьэкIэ мэбанэр, ауэ Урысейр тоталитар щытыкIэм итщ, икIи Кърымым дзэ иришэу зэрихьам къегъэлъагъуэр Урысейр демократием зэрибийр. Апхуэдэу щыщыткIэ сэ Украинэ лъэпкъым сырителъхьэщ" - жиIащ Шаззом.

"Нэхъыжь хасэм" апхуэдэ псалъэмакъыр зэрану къыщалъытэр, икIи лъэпкъым ифI къимыкIыну жаIэр. "А къэралым къыщекIуэкIхэр къалъытакъым а тхыгъэр зытхахэм" - жаIэр лъэпкъ нэхъыжьхэм,  икIи адыгэ хабзэм ар къемызэгъыу къалъытэр. Абы нэмыщI акъылыншагъэу жаIэр езы Урысейми зыхуэбгъэзэну, адыгэхэм я геноцидыр къащтэн щхьэкIэ.

Мы псалъэмакъым хуабжьу щытопсэлъыхь адрей адыгэ регионхэми. Псалъэм папщIэ "нэхъыжь хасэм" я псалъэхэр къемызэгъыу, икIи емыкIу дыдэу къилъытащ "Адыгэ Хэкужь" жылагъуэ зыщIэхъеиныгъэм и тхьэмадэ Мурзэкъан Абубэчыр. Абы Хуитыныгъэ радиом къыжыриIар мыращ:

"Геноцид жыхуаIэр къэщтэн хуейщ, Урысейм и лъэныкъуэкIэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэм, ермэлыхэм ейри, журтхэм ейри къащтауэ щытщ. Урысейм ищIа хьэдыгъуэдахэм апхуэдэ нэсыпыншагъэ лъэпкъым къыхуихьащ. Ар езым и лIыгъэ илъу щытым, напэ гуэр иIэжу щытым, езы Урысейм ар игъэзэхуэжын хуей Iуэхугъуэу щытщ. МыткIэ, мы Адыгей нэхъыжьхэм жаIар хьэлыжьыгъэщ, мыпхуэдэ IуэхукIэ къыщIимыубыдэу, зыри езыхэм ямыгъэпкIыу, нэхъыжь хуэдэ нэхъыжьу щымыту, я нэхъыжьагъэр здынэсыр - дэнэ дежи Iуалъхьэрэ, дэнэ дежи къыщырахуэкIыу, а Iуэхугъуэр яхэлъщ абы. Модэ Шэпсыгъым щыщ щIалэжьхэр къежьэри, абыхэм ежалIэри ягъэшынащ. Иджы мы Адыгейм къырахьэжьа Iуэхугъуэм аргуэру мыхьэнэншагъэщ хэлъыр. ЛъэпкъылIкъым ахэр, ахэр унэIуту аращ, лъэпкъылI хуэдэ лъэпкъылIым апхуэдэ жиIэнукъым".

"Адыгэ нэхъыжьхэм" я тхыгъэм икIэм деж зыхуагъэзащ лъэпкъ Iуэху зезыхуэ IуэхущIакIуэхэми, хасэхэми. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, акъылым жиIэм едэIуэн хуейщ, акъыл зезыхьэр нэхъыжьхэр аращ, икIи лъэпкъыр зыхущIэкъун хуейр адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхагъэхъуэнырщ, къэралышхуэм зэрызырагъэужьынырщ. Лъэпкъым и къэралу лъытапхъэри Урысей Федерацэр арауэ жаIэр, икIи абы и хьэлэмэтхэм ебэкъуэныр къемызэгъыу къалъытэр.

Мы Iуэхугъуэм теухуауэ Мыекъуапэ и къалэ адыгэ хасэми псалъэмакъхэр къыщекIуэкIащ. Абдежым къэбыл ящIакъым Украинэм ирагъэхьа тхыгъэр лъэпкъ псом къыбгъэдэкIыу зэратхар. "Адыгэхэм зы унафэщI къулыкъу яIэкъым, лъэпкъ псом и цIэкIэ псалъэну" - жаIэр абыхэм. Аращи, тхыгъэр ирагъэхьам, ар е жылагъуэ зыгухьэныгъэм и цIэкIэ, е зы цIыху гуэрым езым и щхьэкIэ ищIэу аращ. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, Мыекъуапэ къалэ хасэм хэтхэм зы жьэу къыздащтащ Урысей къэралыгъуэм адыгэхэм я геноцидыр къегъэщтэн Iуэхугъуэм елэжьын хуейуэ, икIи IэщIэдзхэр зыхуэхьэсын хуейуэ, Урысей унафэщIхэм зыхуагъэзэн щхьэкIэ, адыгэ геноцидыр къащтэну елъэIуу. Украинэм ятха тхыгъэр къыдащтауи щыткъым, ар ямыдэуи щыткъым, ауэ зыкъуэту Урысей Президентым зэрызыхуэгъэзэн хуейм елэжьыну тыраухуащ, геноцидыр къащтэну, лъэпкъэгъу хамэ къэрал щыIэхэр къашэжын щхьэкIэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урыс-Кавказ зауэ I8-I9 лIэщIыгъуэхэм екIуэкIам ипкъ къикIыу адыгэхэр геноцид ящIауэ къалъытэр адыгэ жылагъуэм. Ар тхыдэттхэм къыщIагъэбыдэр, икIи жаIэр, лъэпкъым и процент 90-м щIигъур е зытыраукIауэ, е хэкум ирахуауэ. Иджыпстуи адыгэхэм щыщу процент I0-р аращ я адэжь хэку исыжыр. Адрейхэр къэрал 50 хуэдизкIэ зыбгырыпхъауэ мэпсэу. Адыгэхэм къащыщIа гузэвэгъуэр геноциду къищтащ Къэбэрдей-Бэлъкъэр парламентым, Адыгей республикэм и парламентым, Курджы къэралыгъуэм.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур