Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ хьэпшыпхэм ящыщщ арджэныр. Ар къыхащIыкI къэмыл щабэ зэIущам. Нобэхэм арджэным и къэгъэщIэрэщIэжыным телэжьыхь Мэзло Руслан лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ щригъэкIуэкIащ, абы къыдэкIуэуи Хуитыныгъэ радиом и упщIэхэм жэуапкIэ зыкъыхуигъэзащ Руслан.
Хуитыныгъэ Радио: Арджэныр зищIысымрэ, ар къызэрагъэсэбэпымрэ къыджеIэ кхъыIэ.
Мэзло Руслан: Арджэныр япэм унагъуэу щыIэу хъуам я унэ илъыу щытащ. Арджэныр адыгэхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи къагъэсэбэпу щытащ. Арджэныр къызэрыкIым хуэду цIыхур дунейм къытохьэри йохыж жаIэти, къыщалъхуам щыщIэдзауэ и дуней ехыжыгъуэ хъуху къагъэсэбэпт. Лъэгум иралъхьэти сабийхэр щагъэджэгут, блыным фIадзэт, хьэщIэщыми пхъэцIыч шыкIэпшынэхэр щыфIадзэт, цIыхухъур зыщIэсым и Iэщэ-фащэхэр фIидзэну къигъэсэбэпт, сабий цIынэм и гущэ лъабжьэми щIалъхьэт. Арджэныр езыр гъэмахуэм и деж щIыIэтыIэу, щIымахуэм хуабэу щытщ, абы теухуауи цIыхум и Iэплъэпкъым къокIу.
Хуитыныгъэ Радио: Мыбы къекIуалIэ цIыхубэм арджэныр зищIысыр къагурыIуэу щыту пIэрэ хьэмэ, гъэлъэгъуэныгъэм дыщыIащ жаIэу ягъэхъыбарыжын щхьэкIэ къекIуалIэхэу щыт?
Мэзло Руслан: КъекIуалIэхэм къагуроIуэ сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыр еплIанэ гъэлъэгъуэныгъэу изогъэкIуэкIри, сабий куэд къокIуалIэр, а сабийхэм я анэ-адэхэм я благъэхэм жраIэж къызэрагъэсэбэпу щытар зищIысыу щытар. ЦIыхухэм зищIысыр нэхъ къагурыIуэж мэхъу. ХэзмыщIыкIи къахокI, ауэ нэхъыбэм ящIэр.
Хуитыныгъэ Радио: Арджэным ищIыныр зэппхыр сыт, лъэпкъ Iуэху хьэмэ, ящэху сытмэ сом къыпэкIуэныра?
Мэзло Руслан: Сщэным теухуауэ зыри къежьа Iуэхукъым. Ар тщIын хуей хъуати абы делэжьын хуей хъуащ. Дэ дымыщIауэ щытамэ нэгъуэщI зыгуэрым ищIыну хъунт, ауэ дэ тщIыну къыттехуащи абы теухуауэ дытолэжьыхь. Илъэс 20 хъуауэ сыролажьэр мы IэщIагъэм. Си анэми ещI сабийхэр егъасэ, сэри сыцIыкIуу сигу ирихьщ сызыIэпишэри селэжьын щIэздзащ. Абы щынэмыщIауэ нэгъуэщI лэжьыгъэ куэдми сыхэлэжьыхьащ, абыхэм сигу ирихь куэд къыхэсхыурэ мыбы къыхэслъхьащ.
Хуитыныгъэ Радио: Лъэпкъым и дежкIэ арджэным сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ?
Мэзло Руслан: Мыхьэнэшхуэ иIэщ сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аддэ ижь ижьыж зэман лъандэрэ къокIуэкI, щIым къыщIахыж сытхэм арджэным ипIэр телъыу къыщыщIэкIыж щыIэщ. Аращи, абы мыхьэнэшхуэ иIэу сэ къызолъытэр, къекIуалIэхэми гукIэ зэхащIэр. Мыбы фIэлъхэр псори си IэдакъэщIэкIщ, япэм зэращIыу щытам хуэдууи хэтщ, нобэрей махуэм екIуу щIауи хэтщ.
Гъэлэгъуэныгъэр къызэрыщыхъур къыжиIэну Хуитыныгъэ Радиом зыхуегъазэр Сирием къикIыжа Соснакъ Бассам.
Соснакъ Бассам: Мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ япэу сыкъакIуэу аращ. Дэри Сирием диIащ мыпхуэдэ ауэ, нобэхэм ягъэкIуэдыжащ, абыкIэ Китайм кърашыурэ пластмасскIэщ зэращIыр. Абы мыхьэнэ зыри иIэкъым. Мыр куэду сигу ирихьащ, сыту жыпIэмэ пасэм щыгъуэ щыIахэм хуэду зы гуп ищIащ, нобэрей цIыхухэм я гупсысэкIэмрэ, нобэрей дунейм декIуу сурэт куэд къигупщысащ. Иджы мы нобэрей гъэлъэгъуэныгъэм дегупщысмэ, адыгэ IэщIагъэхэм гъащIэ зэрыритыжар псэщIэ къызэрыIуигъэкIэжар щыдолъагъу. Ноби цIыхухэм ящэхуу зэрахьэну къызолъытэр.
Пасэм щыгъуэ арджэныр дэтхэнэ зы унагъуэми къигъэсэбэпу щытащ, нобэхэм ар цIыхубэм яIэщIэхуж хуэду хъуащи, къызэредгъэщтэжынум долэжь жеIэр Мэзло Руслан.
Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр