Илъэсибгъу хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэхъугъэр


ИлъэсибгъукIэ узэIэбэкIыжмэ, жэпуэгъуэм и 13-м, 2005 гъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ муслъымэн щIалэгъуалэ пщIы бжыгъэр теуащ Налшык дэт къару къулыкъущIапIэхэм. 

Жэпуэгъуэм и 13-14 махуэхэм екIуэкIа зэхэуэхэм, официал бжыгъэхэмкIэ, хэкIуэдащ полицэрэ дзэ къулыкъущIэу 35-р, мамыр цIыхуу 14. Апхуэдэу теуэныгъэм хэтауэ зыхуагъэфэща 92. 

Нэрыбгэ тхущIрэ блы нобэ хьэкум пащхьэ итщ я хьэкум хьэкъым ежьэу, ахэм ящыщ куэдым къуаншэу зыкъалъытэжкъым. Уэчылхэу Дэрогуэ Ларисэрэ Абубакаров Магомедрэ мызэ-мытIэу Хуитыныгъэ радиом къызэрыжраIамкIэ, ахэм удынрэ гъэшынэныгъэрэкIэ пцIы зытрырагъэлъхьэжащ. Ахэм удын зэрателъхэр къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэр интернетым къиуващ 2005-м и щакIуэгъуэм. 

Пэжырытелъхьэхэмрэ, Iэщэ къэзыщтауэ зыхуагъэфащэхэм я анэ-адэхэмрэ мызэ-мытIэу Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжраIамкIэ, «2005 гъэм жэпуэгъуэм и I3-м ипэ къихуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым деж нэмэз зыщIхэр къару къулыкъухэм зэхэзехуэныгъэм хагъэкIтэкъым. Уеблэмэ, хабзэхъумэкъулыкъущIэхэм муслъымэн щIалэгъуалэр мэжджытхэм ирашыурэ къару къулыкъущIапIэхэм яшэт, удын тралъхьэт, яхэтт махуэ бжыгъэкIэ яIыгъхэри». 

2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м ипэ къихуэу Налшык дэт мэжджытхэр щызэхуащIащ къару къулыкъухэм.

Апхуэдиз залымыгъэ зрагъэшэча щIалэгъуалэр нагъэсащ Iэщэ-фащэр къэщтэным, жаIэ пэжырытелъхэхэм. 

Абы лъандэрэ илъэси 9 текIыжами Къэбэрдей-Балъкъэрым щытыкIэр зэпIэзэрыткъым. Террор пэкъуащIэ операцэ хэхахэр къохъу зэпыт республикэм деж. 

Кавказ узелым иIэ хъыбархэмкIэ мы гъэм и етIуанэ Iыхьэм хэкIуэдагъэххэщ нэрыбгэ 22. 

РИА хъыбар агентствэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм къызэритамкIэ, а къэгъухэр, мы гъэм, илъэси 9 щыхъу жэпуэгъуэм и 13-м Налшык щызэхашащ хэкIуэда къару къулыкъухэм я фэеплъ зэхыхьэ. 

А махуэр апхуэдэу ягу ихукъым зауэлIу жыхуаIэу яукIахэм я Iыхьлыхэми. 

НэбытIэ Риммэ и къуитI Азэмэтрэ Жэмбулэтрэ яукIащ жэпуэгъуэм и 13-м 2005 гъэм. Илъэс къэси а махуэм НэбытIэхэ я Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ зэхуос я унагъуэм деж. 

Нэрыбгэ 92-м я хьэдэхэм сыт къащIыщIами, ахэр дэнэ щыIэми зыри хащIыкIкъым я Iыхьлыхэм. Официал хъыбархэмкIэ ахэр ягъэсащ. 
Урысей хабзэхэмкIэ террористу къалъытэхэм я хьэдэхэр я Iыхьлыхэм иратыжкъым. Ауэ а яукIахэр къуаншэу щытарэ щымытарэ зэхэмыгъэкIауэ къэнащ. 

Мис Риммэ Хуитыныгъэ Радиом телефонкIэ къыжриIар, блыщхьэм, жэпуэгъуэм и 13-м 

НэбытIэ: Жэпуэгъуэм и 13 махуэр сыт хуэдэ махуэ сэ си дежкIэ? Ар хуабжьу махуэ хьэлъэщ. Уи бын пфIэкIуэдыным нэхъыкIэ щыIэкъым. Алыхьым зыми иримыгъэлъагъукIэ апхуэдэр. Ар псалъэкIэ пхужыIэнукъым. Дэ ди фэм дэкIар зы анэми иримыгъэшэчкIэ. 

А къэхъуам махуэ къэси йогупщыс. Нэхъыщхьэр аращи, ар къыщIэхъуар пцIыхукъым. Хэт ар къэзыгупщысар? Сыт ахэр щIыхэкIуэдар? Сыт а къэхъугъэм ущхьэгъу хуэхъуар? Сыт цIыхухэм Iэщэ къыщIащтар? Ахэр щхьэ я анэ-адэхэмрэ я сабий цIыкIухэмрэ ящIэмыгупщысарэ? Апхуэдэ ажалым хэт ахэр езыхулIар? Ар сыт хуэдэ къэрал унафэр абы езыхулIар? Ахэр къуаншэу щытарэ щымытарэ зыми зэхигъэкIыну пылъкъым. 

Хьэкум пащхьэ ит нэрыбгэ 57-м я хьэкум хьэкъыр мы гъэм и мэкъуауэгъуэм и 30-м щегъэжьауэ къахьыну жиIауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Хьэкум Нэхъыщхьэм, щIышылэм и 10-м . Ауэ нобэр къыздэсым щэхущ. Мис абы теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом къыжриIар, и гъащIэ псокIэ хьэпсэм исыну къэрал гъэкъуэншакIуэм зыхуигъэув Кудаев Расул и къуэш Мокаев Арсен. 

Мокаев: Белджылыуэ зыри жаIэкъым. Хьэкумым зэрыщаIыгъ пIалъэр аргуэру ягъэкIыхьащ. Си анэр уэчылхэм япсэлъати ахэми яцIыху щыIэкъым. ХеищIэхэм къагупщысынумрэ ятхынумрэ ямыцIыхуу къыщIэкIынщ. 

Хьэкум пащхьэ нобэ ит нэрыбгэ 57-м я уэчылхэм мызэ-мытIэу жаIащ зи хьэлэмэт къагъэлъагъуэхэм ящыщ куэдым алиби а махуэм яIэуа щытауэ. ЯукIа нэрыбгэ 92-м ящыщ куэдыр зэрыхэкIуэда щIыкIэри гурыIуэкъым. Сурэтхэм къагъэлъагъуэ ахэм я щхьэхэмрэ я нэкIухэмрэ удын гъущэхэр зэрателъыр. 

Хуитыныгъэ Радио