КъБР-м и еджапIэ щхьэхуэхэм щыIэ егъэджакIуэ зыбжанэм дыгъэгъазэ лъандэрэ улахуэ къырамытауэ жаIэу утыку къихуащ. Налщыч къалэ и къалэ администрацэм зэрыжиIакIэ улахуэхэр иджыри къыздэсым щIамытвам и щхьэусыгъуэр Iуэху зехьэкIэм зы зэпыуныгъэ гуэр къыщыхъуати аращ.
«Кавказский узел» информ къулыкъум утыку къызэрырилъхьамкIэ абы егъэджакIуэхэм улахуэ къызэрырамытым и хъыбарыр къаIэрыхьащ щIымахуэ шылэм и 2I махуэм. Абы щыгъуэм мы информ къулыкъум къыIэрыхьа хъыбархэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ егъэджакIуэхэм мазитIым щIигъуауэ улахуэхэр ираттэкъым. Налщыч къалэ дэт ещанэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ мыбы щылажьэхэм ику итуэ улахуэу сом мин 20 хуэдиз къалэжьыр. Ар щхьэкIэ ддыгъэгъазэм ятын хуея улахуэр ахэм къащыIэрыхьар щIымахуэ шылэм и 23 махуэращ. «ЦIыхухэр ИлъэсыщIэм и махуэшхуэхэм ахъшэншэу къэнахэщ. Ар щхьэкIэ абы теухуауэ зымикIи гукъанэ ящIакъымэ.
Абы и лъабжьэ щIэлътэр сытым и дейжи дыгъэгъэгъазэм ят улахуэр нэхъ гувауэ зэрыратыр аращ.»- жиIэри «Кавказский узел» информ къулыкъум Налщыч къалэ дэт курыт еджапIэ ещанэм щыIэ егъэджакIуэм жыриIауэ утыку къихуащ. Налщыч къалэ дэт 23-нэ курыт еджапIэм и унафэщI къуэдзэ Мысрокъуэ Мария зэхэщIыкIыгъуэу бгъэдохьэр улахуэхэр къырамытурэ зэрагъэгува Iуэхугъуэм. «Япэ мазэм къыдатын хуея улахуэр къыдатакIэщ. Иджы дожьэр етIыуанэ мазэм и улахуэм. Мыбы теухуауэ егъэджакIуэхэм апхуэдэу гукъанэ ящIкъымэ, икIий Iуэхум зэхэщIыкIыгъуэу бгъэдохьэхэр.»- жиIащ Мысрокъуэ Мария.
Налщыч къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ дыгъэгъазэм хуэзэ улахуэхэр иджыри къэс щIамытфам щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху зехьэкIэм зэпыуныгъэ гуэрхэр къызэрыщыхъуаращ. «Апхуэдэ зэпыуныгъэ къыщIэхъуам и щхьэусыгъуэр илъэс къэсыхункIэ Iуэху зехьэкIэхэр къагъэщIэрэщIэжыным зэрыпылъыр аращ. Мыдрей мазэу хуъам улахуэхэр и зэманым хуэзэу ятыр.»- жиIащ къалэм и унафэщI IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм. Ар щхьэкIэ КъБР-м и къуажэхэм Iуэхур нэхъ гугъужуэ щытщ.
Мыбы республикэ къэлащхьэхэм щыIэ егъэджакIуэхэм улахуэ ягъэгувахэр ятыжын щIадзамикIи къуажэхэм иджырыкIи дыгъэгъазэм къыратын хуея улахуэхэр яIэрыхьакъым. Уеблэмэ къэралым ит улахуэр яIэрыхьакъымэ егъэджакIуэхэм къыщынэмыщI сымаджэщхэм я лэжьакIуэхэмикIи. ИкIий Iуэхур зытетыр Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ Абзыуан хьэблэм и етIыуанэ курыт еджапIэм щылажьэ егъэджакIуэ КъуэщIысокъуэ Мадинэ:
«КъыщIыдамытыр тщIэкъым, ауэ дыгъэгъазэ лъандэрэ къыдаткъым. Дыгъэгъазэми, щIымахуэшылэми хуэзэ улахуэр иджыри къыдатакъым. Ауэ дыгъэгъазэм хуэзэр мы тхьэмахуэм къырлъхьэнууэ жаIащ. Мис банкым кредит халъхьэн хуейхэр ирамытыфуэ, мазитI зэтрихьауэ ящIэнур ямыщIэу зэхэсхэщ егъэджакIуэхэр. Иджы улахуэхэр къыратыжми яяхурикъужынукъым.»
Фигу къэдгъэкIыжынщикIи 20I4 гъэм и кIэхэм Урысейм сомым и пщIэр зэрехуэхым къыхэкIкIэ уасэхэм псынщIэ дыдэурэ хэхъуэн щIидзащ. ИкIий мы зэманым ирихьэлIэу, абы къыщынэмыщIа илъэсыщIэм и махуэшхуэхэм ирихьэлIэу КъБР-м и егъэджакIуэхэм сымаджэщхьэм и лэжьакIуэхэмрэ я улахуэхэр и гъуэм къазэрыIэрымыхьар къатохьэлъэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал