И хэкужь игъэзэжауэ абдеж экономи хэлъхьэныгъэ хуэзыщ1хэр арэзыщ


Бэшк1ур Дыгъэ. Налшык къалэ, Къэбэрдей Бэлъкъэр Республика.

Хэхэс Адыгэу зи хэкужь куэд щ1ауэ зыгъэзэжахэм зэрыжа1эмк1э, уи хэкур ф1ыуэ плъагъуу щытым абы экономи, сосиал и лъэныкъуэк1э хэлъхьэныгъи хуэпщ1ыфу ущыпсэуфынущ.

Мис ахэм ящыщщ, и хэкужь зэригъэзэжырэ илъэс 20-м щ1игъуа, Налшык деж и лэжьап1э къызэ1уихыжауэ щыпсэу, Сирие Адыгэхэм ящыщ Бэшк1ур Дыгъэ. Бэшк1ур Дыгъэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ Налшык къалэ дэт и лэжьап1эм деж.

Бэшк1ур Дыгъэ: «Дэ ди хэкум дыкъызэрык1уэжырэ илъэс 20-м щ1игъуащ. Абы ипэк1и ди адэр игъащ1э лъандэрэ хэкур игум илъу, и псэм хэту аращи апхуэду дыкъэхъуащ. Дыкъэк1уэжащ дыарэзыуэ. Дыкъыщык1уэжа лъэхъэнэм т1эк1у гугъуу щытами иджы десэжащ, нэхъ тынши хъуащ. Мис ди унэ дисыжщ, ди лэжьыгъэ ди1эжщ. Ди лэжьыгъэр Сириеми арати мыбдежыми хъарзынэу мэхъу, дыщхьэщык1къым. Псом нэхъыщхьэр ди хэку дисыжщи дарэзыщ. Иужьырей зэманхэм Сиие зауэм щхьа куэд къэк1уэжахэщ, абии яхэтщ ди благъэ, куэди Сирием къэнащ. Хэкум къэк1уэжахэм си анэш яхэтщ, Сирием къэнахэми ди благъэ яхэтщ куэд мэхъу, дызэрощ1эхэр. 

Хэкум къэк1уэжахэм лэжьыгъэ къагъуэтыну гугъущ, щ1алэгъуалэр абык1э т1эк1у гугъу йохьхэр. Ауэ зэрыхъук1э ц1ыхухэри къадо1эпыкъу, апхуэдэущ зэрыщытыр. Сирием къик1ыжыу и хэкужь къэзыгъэзэжа щ1алэгъуалэм хэкурыс хъыджэбз къашэу, апхуэдэу щ1алэхэм щ1ыгъуу унагъуэ зыщ1хэри щы1эхэщ. Хэкум къэк1уэжу мыарэзыуэ зыгъэзэжа сэ сщ1экъым ауэ зыгъэзэжа щы1эми ахэм я щхьэусыгъуэ езым я1эж хъунщ, ар хэкум илажьэкъым. Сирием щыщу мыбы къэмык1уэжу Тыркур нэхъ тыншщ жэуэ къыщынэхэр щы1эщ ауэ ц1ыхум и хэкур игум илъыу, ар ф1ыуэ илъагъуу щытым гугъури тынш къыщыхъунущ.

***
Хэкурыс Адыгэу хэхэсхэр къэзыгъэзэжыну хуейхэм  жа1э, зэк1э къэзыгъэзэжахэр мащ1эу щытыми догугъэр щ1эблэм я лъапсэ ягъуэтыжыну. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие