Путиным ермэлыхэм къащыщIар геноциду къелъытэ


ИлъэсищэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Уэсмэн Пащтыхьыгъуэм щыгъуэ,  армянхэм къащыщIар ягу къыщагъэкIыж фэеплъ махуэм, мэлыжьыхьым и 24-м,  Ереван деж къыщыпсэлъащ Путин Владимир. Абы жиIащ  лъэпкъгъэкIуэд Iуэхухэр ауэми бгъэзахуэ мыхъуну.

Урысей президентым  шэч хэмылъу къелъытэр ермэлыхэм 1915 гъэм Тыркум къыщыращIауэ щытар геноциду, икIи жеIэр ар Урысейм езым и гуауэшхуэ хуэдэу къилъытэу. «ЦIыху минищэ бжыгъэхэм абы щыгъуэ Урысей империем псэупIэ щагъуэтау щытащ», - жиIащ Путиным.

Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Урысей дипломатиер аращ дунейм а Iуэхугъуэр къезыгъэщтар, икIи ар гуауэшхуэу трезыгъэIуар. «Дэ ди фIэщу дывдощыгъуэр, - жиIащ Урысей президентым. - ЦIыху куэдыр укIыныр бгъэзахуэ мыхъун Iуэхугъуэщ».

Абы кIэлъыкIуэу trt.net сайтым къихуащ хъыбар, Путиным и псалъэхэм тырку месхетинхэр, тэтэрхэр, адыгэхэр игъэгубжьауэ жиIэу.

«Урысей президент Путин Владимир «ермэлыхэм я геноцид» жыхуаIэм щхьэкIэ жиIахэм теухуауэ мыарэзыныгъэ къагъэлъэгъуащ лъэпкъхэм, зы зэман гуэрым я хэку Урысейм ирихуауэ щытахэм», - жеIэри етх сайтым.

Абы жыхуаIэр Сталиным и зэманхэм тырку месхетин я щIыпIэм ирахуу Узбекистан ягъэкIуахэр аращ, а зэман дыдэхэм Кърымым къырахуа тэтэрхэр аращ, абыхэм дыщIыгъуу 19 лIэщIыгъуэм Кавказым ирахуа адыгэхэр аращ.

Сталиным и зэманхэм я хэкум ирахуау щытащ лъэпкъ куэдыр, тыркухэмрэ тэтэрхэмрэ хэту. Лъэпкъ куэдыри къашэжри ягъэзахуэжащ, ягъэзэгъэжащ. Ауэ месхетинхэмрэ кърым тэтэрхэмрэ ялъэIэсакъым гъэтэрэзыжын Iэмалхэр. Адыгэхэм къыращIылIар Урысейм геноцидуи, нэгъуэщI зыгуэру щIэпхъэджагъэуи къилъытэкъым. Къэрал щхьэхуитхэм щыщу Курджы зыр аращ адыгэхэм я геноцидыр къэзыщтар. Урысейм ар щымыIэххау егъэув, адыгэхэр езыхэр хуейуэ я хэкум икIауэ, мыдрей зытраукIахэр зауэм хэкIуэдауэ.

Адыгэ геноцидыр Урысейм къызэримыщтэмрэ, абы адыгэхэр зэрыбгъэдыхтэн хуеймрэ теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом къепсэлъащ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Шормэн Азэмэт:

«Адыгэм и геноцидыр къызэрыщтэн хуейр дэ езым дощIэж. Абы теухуауэ лъэпкъыу щыIэу хъуам псоми мы IуэхумкIэ нэхъ быдэу бгъэдэувэн хуейщ. Мес, псалъэм папщIэ, ермэлыхэм я геноцидыр кърагъащтэр жаIэр. Абыхэм геноцид езыщIылIауэ къагъэлъагъуэр Тыркур аращ. Ар Тырку къэралыгъуэм игу ирихькъым. Япэ дыдэу а Тыркум щыIэ адыгэхэм Тыркум кърагъэщтэн хуейщ Урысейм къыдищIылIа геноцидыр. Ар япэрауэ, Тыркум и жэуап хъунущ Урысейм щхьэкIэ, етIуанэрауэ адыгэхэм я Iуэхур дигъэкIынущ. Урысейм а IуэхумкIэ япэ ищу Iуэхур зыфIигъэкIыну яужь щимыткIэ, адрей лъэпкъхэм зыфIегъэгъэкIын хуейуэ аращ ар, дунейпсом къегъэщтауэ. Дэ диIэр зыщ - пэжыр аращи, пэжыр дэнэ дежи щыжыIэурэ щIын хуейщ.

Лъэпкъ Iуэху зезыхуэ цIыхухэр яужь итын хуейуэ аращ адрей къэралхэм геноцидыр къызэрырагъэщтэным.

Путиным ермэлыхэм я геноцидыр псом нэхъапэ щыIауэ, абы фIэкI зыри щымыIауэ къилъытэу щытым, абы и къэралым ис лъэпкъхэм я тхыдэм зыри химыщIыкIыу аращ, е хищIыкIыну хуэмейуэ аращ. Сэ сызэригугъуэмкIэ, етIуанэр аращ пэжыр».

trt.net сайтым зэритхымкIэ, адыгэ мин 500 хэкIуэдащ Урысейм и ягъэкIэ. «Мы официал хъыбар щыIэмкIэ, адыгэу миллиуан I,5 Урысейм ирахуау щытащ. Осман Имерием кIуэхукIэ емынэ узымрэ мэжалIэмрэ илIыкIащ цIыху мин 500-р», - жеIэри етх сайтым, икIи къехь адыгэ ассоциациехэм я федерацием хэт Халис Дин и псалъэхэр: «Дэ къыхудоджэр Путиныр Урысейм и архивхэр къызыIуихыну, икIи адыгэхэм я геноцидыр къищтэну, абы кIэлъыкIуахэр игъэтэрэзыну, адыгэ диаспорэу хамэ къэрал щыпсэухэм Урысей паспорт къыдахыфу ищIыну».

«Эхо Москвы» радиом къыщыпсалъэм журналист Латынина Юлия гу лъитащ адыгэхэми геноцид къызэрыращIылIау щытам. «Ермэлыхэм я геноцидыр аракъым тхыдэм нэхъапэ дыдэу къыщыхъуар, - жеIэр абы. - Сэ сызэреплъымкIэ Урысейм 19 лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм адыгэхэм иращIар геноцидщ. Ар ящIэр къагурыIуэжу адыгэ лъэпкъыр ягъэкIуэдын щхьэкIэ политикэ яшэщIау щытау аращ». Латынинэм зэрыжиIэмкIэ, Урысейр хущIэкъут Константинополь иубыдыну, икIи абы щхьэкIэ хы фIыцIэ Iуфэр иубыдын хуейт. «Хы фIыцIэ Iуфэ псом адыгэхэр аращ ису щытар иджыри 19 лIэщIыгъуэм. Ахэр зэрыщыту зытраукIащ, ящIэр наIуэу къагурыIуэжу», - жеIэр «Эхо Москвым» и журналистым.  

Тырку къэралыгъуэми ягу щырихьакъым Путиным и псалъэхэр, 1915 гъэм Осман империем деж ермэлыхэр геноцид ящIауэ жыхуиIар. Апхуэдэ псалъэхэр утыку къырилъхьащ Тыркум и хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм.

Абыхэм къыхагъэщащ езы Урысейм Кавказ лъэпкъхэр геноцид зэрищIар, абы нэмыщI Азие курытымрэ Европэ къуэкIыпIэмрэ ис лъэпкъхэри геноцид зэрищIар, Украинэм деж мэжалIэ ажал зэрахилъхьар хэту. «Урысейм цIыхугъэншагъэу муслъымэн лъэпкъхэмрэ тюрк лъэпкъхэмрэ ирищIар къыдощIэжри, къыдолъытэр Урысейм фIыдыдэу къыгурыIуэу «геноцид» псалъэм и мыхьэнэри, хабзэм теухуауэ абы ипкъ къикIри», - жеIэри хэтщ Тыркум и Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министерствэм утыку къырилъхьа тхыгъэм.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ермэлыхэм Осман Империем деж 1915 гъэм къыщыращIар къэрал куэдым геноциду къыщащтащ. Абыхэм хэтщ Урысейр, Францыр, Италиер, Швейцариер, Германиер, Австриер, нэгъуэщI куэдыр. Америкэ Штат Зыкъуэтым и штат 45-м ар къыщащтащ, абыхэм щыщу 35-м къэрал хабзэкIэ. Къэрал щхьэхуэхэм ермэлыхэм иращIылIар геноциду щымыту жыпIэныр щIэпхъэджагъэу къыщалъытэр.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио

Бэрокъуэ Артур