Къэбэрдей-Бэлъкъэрым икIхэм я бжыгъэр процент 60-кIэ хэхъуащ


Къэбэрдей-Бэлъкъэрым цIыхухэр йокI къэгъазэ ямыIэу. Мэгъэм республикэм икIахэм я бжыгъэр процент 60-кIэ нэхъыбэ хъуащ, ипэрей гъэм елъытауэ. А хъыбарыр къет "Caucasianreview"  жыхуиIэ сайтым, республикэм и статистикэ къулыкъум зытригъащIэу. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ къэрал статистикэм хиубыдэр дефтеркIэ хэкур къэзыгъанэу нэгъуэщI регионхэм зыщезыгъэтххэр арауэ зэрыщытыр. Куэдыр республикэм йокI, дефтерхэмкIэ я унэм щытхауэ къэнэжу, икIи лэжьапIэ къыщалъыхъуэр къалэшхуэхэм.

Статистикэ къулыкъум хъыбар къитам къызэрыхэщымкIэ, мэгъэм и япэ мазищым къыриубыдэу республикэм икIащ цIыху 2642. Щыпсэуну республикэм къэIэпхъуахэр мэхъу цIыху 1617. Абы къикIыр, Iэпхъуэныгъэхэм къыхэкIкIэ хэщIыныгъэ щыIэщ цIыху 1025-кIэ. Ар 384-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ а пIалъэ дыдэм щыIам нэхърэ. "Caucasianreview" сайтым зэритхымкIэ, мэгъэм и япэ мазищым къыриубыдэу Сирием къикIыу Къэбэрдей-Бэлъкъэрым къэIэпхъуэжахэр цIыху 31 мэхъу.

Хэкум икIым я нэхъыбэр щIикIыр лэжьапIэншагъэр аращ. Урысейм и тхыдэщIэм ухэплъэм, сыт щыгъуи хэкумкIэ лэжьапIэ къыщыбгъуэтыну гугъуу щытащ. Иджы, кризисым къыхэкIыу нэхъ гугъуж хъуащ. Мэзкуу илъэс Iэджэ хъуауэ щыIэ адыгэ нэрыбгэ Джэрыджэ Аидэ зэрыжиIэмкIэ, хэкум цIыхухэр икI щхьэкIэ, абы къикIкъым абыхэм къамыгъэзэжыну:

"Сэ езыр илъэсибгъу хъуауэ Мэзкуу сыдэсщ. Япэ щIыкIэ седжэну сыкIуащ, иужькIэ сылажьэну сыкъэнащ. Мис иджы сыкъэкIуэжыну сыхэтщ хэкум. ЗэкIэ хэку лэжьыгъэхэр согъэхьэзыр. Гугъущ лэжьапIэ хэкумкIэ къыщыбгъуэтыну, зыгуэр щыпщIэнуи гугъущ. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи гугъущ мыбы къэбгъэзэжыну, адэкIэ ущыхэпщIа нэужь. Ауэ куэдыр къоIэр мыбыкIэ къэкIуэжыну, сэ сцIыху Iэджэри къэкIуэжыну хуейщ. Псом япэдыдэу, цIыхухэр мыбы щIыдэкIыр лэжьапIэншагъэр аращ. ЦIыхум ахъшэ къалэжьын хуейщ, я бын япIыжын хуейщ, хэкумкIэ апхуэдэ лэжьапIэр мащIэдыдэщ.

Абы нэмыщI, куэдыр щIэкIуэр, абыкIэ хъугъуэ-фIыгъуэ куэду щыIэу къащохъу, нэхъ псынщIэу зыгуэр къыплъысу къащохъу. КъагурыIуэкъым ар псори гугъухьышхуэкIэ къызэрыплъысыр, къалэшхуэхэм ущыдэсым. Аращи, зы илъэсныкъуэ - илъэс хуэдэкIэ щоIэр, гугъу щохьри, яхуэмышэчу куэдыр къокIуэж. Къанэм, къанэр е лэжьапIэфI къэзыгъуэтахэр, е нэмыщI лъэпкъ щыщ зыгуэр къэзыша, дэкIуауэ унагъуэ хъужахэр аращ. КъэкIуэжым, къыщIэкIуэжыр си хэку сисыжынущ, си пщIантIэ сыдэсыжынущ жызыIэхэр, е зи адэ-анэ жьы хъуа, абыхэм ябгъэдэсыжыну хуейхэр аращ. "Нэхъыбэр докI, зыри Къэбэрдейм къэнэну хуейкъым", - жыпIэми, ари пцIыщ. Куэдыми къагъэзэж. Псори зэлъытар республикэм и политикэр аращ. Мыбы лэжьыгъэ гуэр щыIэу щытатэм, щIалэгъуалэм псалъмэ къыфIэмыкIыу лэжьапIэ ирату щытатэм, куэдыр дэсынут. ИкIахэми куэдыр йоIэр хэкум къэкIуэжыну".  

IэпхъуэныгъэмкIэ федерал къулыкъум и хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, республикэ кIуэцIым имыкIыу Iэпхъуахэр мэхъу цIыху 938, республикэм икIахэм щыщу нэгъуэщI Кавказ регионхэм Iэпхъуахэр мэхъу 1443, Курыт федерал къуапэм Iэпхъуащ цIыху 1072, хамэ къэрал Iэпхъуахэр мэхъу цIыху 78.

Хамэ къэрал къикIыу республикэм къэIэпхъуахэр мэхъу цIыху 211. Абыхэм щыщу Украинэм къикIащ цIыху 67, Сирием - 31, Узбекистаным 22. КъэIэпхъуахэм я нэхъыбапIэр здетIысэхар Налшычщ - 749. Прохладнэ къалэм дэтIысхьащ цIыху 476, Майскэм 307. Шэджэм куейм итIысхьащ цIыху 40,  Бэхъсэн къалэм - 46, Бэхъсэн куейм - 50. ПIалъэкIэ къэралым зыщихъумэну хуиту дефтерхэр хуащIащ цIыху 38.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио
Бэрокъуэ Артур