Урысейм и сомыр нэхъ пуд зэрыхъурэ абы кIуэну хамэкъэрал туристхэр нэхъ тегушхуэ хъуащ. Апхуэдэр къыхигъэщащ Дунейпсо экономикэ форумым туризмыр дунейм зэрыщытым ехьэлIа и дэфтэрым деж. Ауэ итIани туристхэмкIэ къэрал тынш пэрытхэм Урысейр хыхьэкъым визэ щытыкIэ гугъумрэ ар къэрал зэIухауэ зэрыщымытымрэ жеIэр дэфтэрым. Туристхэр нэхъ Iузыгъэщтхэм щыщыу къыхагъэщ визэм имызакъуэу хьэщIэщ уасэ лъапIэхэмрэ къэралым и хамэкъэрал политикэмрэ. Санкцэхэмрэ Украиным и IуэхумкIэ Урысейм иIыгъ увыпIэмрэ къытещащ туристхэр къэкIуэным жеIэр дэфтэрым.
Сом пудым туристхэр нэхъ къришалIэ хъуа щхьэкIэ Урысейр итIани хыхььэкъым туристхэмкIэ къэрал пэрытипщIым. Иджыри шынагъэншагъэри, визэ лъэныкъуэри, политикэ Iуэхухэри гъэтэмэмын хуейуэ къалъытэ рейтингыр зэхэзыгъэува экспертхэм. Туризмыр къэралым и фейдэшхуэ къэзыхь зы Iыхьэщи езымкIэ нэхъыфIщ хамэкъэрал цIыхухэр дэзыхьэхынщытыкIэр игъэувмэ жэуэ. Шынагъуэншагъэ къэралым щIэгъэбыдакъым нэсыу, абыкIэ ар 126-нэу ягъэуващ.
Урысей туроператорхэми зэрагъэнаIуэмкIэ, туризмыр ехуэхын щIидзащ Украин псалъэмакъыр къежьа иужь, 2014 илъэсым и кIэхэм. Апщыгъуэ къэкIуэну ипэкIэ пэшхэр зи цIэкIэ къэзыщта куэдым ятыжат щIегъуэжыу, Урысейм УкраинымкIэ иIыгъ увыпIэмкIэ мыарэзыуэ жаIэр. Ахэм къызэрагъэбелджылымкIэ, нэгъабэ къэралым къэкIуар мэхъу турист мелуан 25-м щIигъур. Дунейпсэ экономикэ форумым зэритхымкIэ, ищыпэгъэм – 2013 илъэсым, нэхъыбэт къэкIуар – мелуан 28-м щхьэдэхыр.
Иджы хуэдэ лъэхъэнэм куэд щIауэ цIыхур Iувыу щытакъым, ауэ нэхъ ежьэжауэ къыщыхъуу жеIэр Мэзкуу дэт хьэщIэщхэм я зым и администратор Валентинэ: «Иджыпсту пэш нэщI зыри диIэкъым, нэхъ щыбгъуэтынур къалэдгъухэращ, метром нэхъ пэжыжьэу, ауэ нэхъ пудыу. Ахэри телевизоркIи, интернеткIи, шей-кофекIи, нэгъуэщI зыхуеиныпхъэхэмкIи пщIэншэу къызэгъэпэщащ. Щхьэхуэу ушхэнумэ, пщэдджыжьышхэр сом 200, шыджагъуэмрэ пщыхьэщхьэшхэмрэ сом 400 и уасэуи бгъуэтынущ. Езы хьэщIэщ пэш уасэхэр къапщтэмэ сом мини3- нэхъпуд диIэкъым. Ауэ иджы гъэмахуэ туризм лъэхъэнэм кIэрыдгъэхуащ, сом мини-2,5-рэ и уасэхэщ, нэхъ пуд ящIынукъым».
Валентинэ зэрыжиIэмкIэ, абы нэхъ лъапIи къалэм щыIэщ, ауэ нэхъ пудращ къызэрыгуэкI туристхэр дэзыхьэхри, езыхэми нэхъ зэрызрашэлIэн яужь итхэщ.
Урысейм и туроператорхэри нэхъ и телъхьэщ туристхэр дэзыхьэхын визэ щытыкIэр нэхъ тынш щIыным, ар и пэрытщ туризм къудамэм и проблемэм жаIэр. Нэгъабэ Урысейм къекIуэлIа турист бжыгъэм къэралым хэхъуэу доллар миллиард 11-м щIигъур къихьауэ етх дэфтэрым, нэхъыбамэ – фейдэри нэхъ лъагэнут жиIэу. Щапхъэу къехь, рейтингым ипэ ит Испаниер, абы екIуалIэ турист бжыгъэм къэралым фейдэуэ илъэскIэ къыхуехь доллар миллиард 60-м щIигъур жэуэ.
Къэнщауэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио