Мэмрэш Умар: «Адыгэ лъэпкъ гъэкlуэдыр Тыркуми Урысыми къащтэн хуейщ»

Мэмрэш Умар. Юрист, Каффедым и лэжьакIуэ, Тыркум Анкара къалэ.

Тыркум деж Адыгэ бэдаушым зэпымыуу утыкум къыралъхьэ Адыгэ лъэпкъ гъэкIуэдыр Тыркуми къищтэн хуейуэ, абы нэмыщl иужьырей махуэхэм анэдэлъхубзэм, Адыгэ алыфбейм теухуа псалъэмакъ къаlэтауэ щытщ. 

lуэхугъуэм теухуауэ, Тыркум щыlэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъыщхьэу щыт Каффед зифlэщыгъэцIэ Федерасионым и лэжьакIуэ, Юрист Мамрэш Омер Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, Тырку хьукумэтым сыт хуэдэ лэжыгъэкlэ зыхуагъазэрэ, мис апхуэдэ упщlэхэмкlэ. 

Мэмрэш Умар: Тырку къэралыр лъэпкъ цIыкIухэм къадыIэпыкъун дэнэ къэна нэхъри асимиласион зэрищIынум хэтщ. Европа зэкъуэтым хэхьэну Iуэху зэрыхъурэ тIэкIу и политикар ихъуэжащ нэхъ къыддыIэпыкъу хуэду щытыми ищIэ щIагъуэ щыIэкъым. АхъшэкIэ дэIэпыкъуныгъэ куэд имыщIэу щытщ. Културэмкэ министерствар лъэпкъцIыкIухэм абы теухуауэ къадыIэпыкъунур и къэлэнщ ауэ ар игъэзащIэкъым. Адрей министерствахэри апхуэдэщ. Адыгэхэм зхьи, адрей лъэпкъ мащIэхэми щхьи зыри ящIэкъым. Каффед Адыгэ зэгухьэныгъэр Тыркум и гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэкIэ министерствэм бзэм теухуауэ долажьэр. КултурэмкIэ министерствам дызыхуейм хуэдэу зы жэуап къаIытхыфакъым. Абы нэмыщI хьукумэтым и партыми допсалъэр, анэдэлъхубзэри адрейхэми теухуауэ зэхъуэкIыныгъэ щIын зэрыхуейр, ахэр езым я къэлэну зэрыщытыри яжыдоIэ.

Хуитыныгъэ радио: Умар Адыгэм и лъэпкъ гъэкIуэдыр Тыркум къищтэн щхьа Каффедым зы лэжьыгъэ евгъэкIуэкIырэ?

Мэмрэш Умар: Адыгэм и лъэпкъгъэкIуэдыр Тыркуми нэмыщI адрей лъэпкъхэми къабыл ящIын хуейщ. Мы лъэкъгъэкIуэд Iуэхур тIэкIи сиясиуэ (Политик) щытщи хуэсакъын хуейщ. Ермэлы лъэпкъгъэкIуэд Iуэхур дыдем и пащхьэм къагъэтIылъу ари дэ тфIэфIкъым. Урысейм и Президент Путинырэ, Тыркум и Президент Эрдогъанырэ Ермэлы Iуэхум щхьа тIэкIу щызэныкъуэкъуам ди Адыгэ лъэпкъ гъэкIуэд Iуэхури тIэкIу ятхащ, утыку къихьат ауэ Ермэни лъэпкъ гъэкIуэдымрэ Адыгэ лъэпкъ гъэкIуэдымрэ зыпэдгъэувыну дэ дыхуейкъым, абы дэ ди лъэпкъэкIуэдыгъэ Iуэхум и зэран къекIынущ. Адыгэ лъэпкъ гъэкIуэдыр Урысыми Тыркуми едгъэдэну дытолэжьыхь абы нэмыщI лъэпкъыбэ зэлъыкъуэувахэми едгъэдэну апхуэдэ лэжьыгъэ идогъэкIуэкI.


Тыркум деж Адыгэ зэгухьэныгъэ пщlы бжыгъэхэр щыlэщ, ахэм щыщу Адыгэ зэгухьэныгъэ 50-м щIигъур зыхэт  Каффедыр дунейпсо Адыгэ хасэми хэтщ. 

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие