Налшык хьэпсэм щIэсым шхэн щIидзэжын идэкъым


Налшык хьэпсэм деж шхэн щIидзэжын идэкъым Казиев Сергей. Абы и анэм «Кавказ Узел» сайтым зэрыжриIамкIэ,  зызгъэмэжэлIэн щIэзыдза и къуэм и узыншагъэр  нэхъри зэIыхьащ.

2005 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къару къулыкъухэм ятеуауэ ягъэкъуэнша Казиев илъэс 14,5-рэ хьэпсэу тралъхьащ.  Абы егъэув хьэпсэ хьэкъыр здрихьэкIын хуейм нэхъ псынщIэу яшэну. ИтIани абы хуитыныгъэ иIэт и узыншагъэм папщIэ, нэхъ щIэх хьэпсэм щIагъэкIыжыну лъэIуэну.

Казиев и анэм зэрыжиIамкIэ Сергей икIи къэтэджыфкъым икIи и уэчылымрэ и Iыхьлыхэмрэ я деж къыщIэкIыфкъым апхуэдэу и узыншагъэр екIэкIуащи.

Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ищхьэ хьэкумым нэгъабэ дыгъэгъазэм хэIущIыIу ищIащ Налшык къыщыхъуамкIэ ягъэкъуаншэхэм я хьэкъыр.

А IуэхумкIэ яубыда нэрыбгэ 57-р къуаншэу къалъытащ.  5-р я гъащIэ псокIэ хьэпсэм исыну хьэкъ тралъхьащ, 3-р хуит ящIыжащ, адрейхэм иратащ илъэси 10-м щыщIэдзауэ 23-м нэс.

Ягъэкъуэнша нэрыбгэ 57-ми езыхэм къуаншэу зыкъалъытэжкъым, жаIащ удынрэ шынагъэрэкIэ пцIы зытрырагъэлъхьэжауэ. ЗэхэгъэкIыныгъэр екIуэкIыху ахэм ирагъэшэчар къэзыIуатэ сурэтхэр интернетым тетащ.

2005 гъэм, жэпуэгъуэм и 13-м, IэщэкIэ зэщIэузэда цIыху гупхэр ятеуащ республикэм и къару къулыкъущIапIэхэм. Зэхэуэхэм хэкIуэдащ мамыр цIыху 15, къару къулыкъущIэу 35, зыкъэзыIэтауэ зыхуагъэфэща 97.

Пэжырытелъхьэхэм жаIащ  зыкъэзыIэта щIалэхэм Iэщэ къащтэныр къару къулыкъухэм я залымыгъэм къыхэкIауэ. 

Хуитыныгъэ Радио