NATO-м и дзэ зыгъэсэныгъэ инхэм щIидзащ


Ищхъэрэ-Атлантикэ Альянсым Европэм щрегъэкIуэкI хьэуа дзэ зыгъэсэныгъэхэр. «Зауэ щIыIэр»  зэриухрэ иджыщ апхуэдэ зыгъэхьэзырыныгъэ инхэр щызэхуашэсыр. 

Ахэм яхэтынущ  Ищхъэрэ-Атлантикэ Альянсым и къэрал 11-м я сэлэт 5.000-м нэблагъэ.

«Жэуап щIэгъэпсынщIа» фIэщыгъэцIэр зыгъуэта зыгъэсэныгъэхэр щыIэнущ  Германием, Италием, Болгариемрэ Румыниемрэ.  Ахэр щиухынур фокIадэм и 13-щ. 

Штат Зэгуэтхэм къэрал зыхъумэжыныгъэмкIэ я министерствэм къызэритымкIэ,  зыгъэсэныгъэхэр хуэунэтIащ альянсым и дзэхэр щIэх иришажьэу, Европэм и шынагъуэншагъэр къызэфIэгъэкIыным зэрыхуэхьэзырыр къигъэлъэгъуэным. 

Хуитыныгъэ Радио