Къэрэшей-Черкес: Анэдэлъхубзэхэм я Илъэсыр Хьэбэз куейм зэхуащIыжащ


Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм и унафэкIэ 2015 гъэр, анэдэлъхубзэхэм я Илъэсу  екIуэкIар, усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ ятеухуа пшыхькIэ Хьэбэз жылагъуэм и еджапIэхэм зэхуащIыжащ.  

Илъэсым икIуэцIкIэ анэдэлъхубзэм теухуауэ Хьэбэз жылагъуэм щрагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм и кIэухыу еджапIэ къэс утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ. 

ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зыхэта пшыхьыр зытраухуар нобэ Инжыдж псыхъуэм дэсхэу адыгэ литературэм зи цIэр хэзытхахэращ. 

Жьакуэ къыщегъэжьауэ Хъумэрэн цIыкIу нэс а псыхъуэм дэс къуажэхэм и еджапIэ къэс утыкум итащ я жылэм къыщыхъуа усакIуэ, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм кууэ нэIуасэ хуащIу. 

НыбжьыщIэхэм къагъэлъэгъуащ абы я тхыгъэхэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэр, усэхэм къеджахэщ, уэрэдхэр жаIащ. 

Хуитыныгъэ Радиом зыхуигъэзащ пшыхьыр къызэзыгъэпэща икIи езыгъэкIуэкIа Хьэбэз къуажэм дэт еджапIэм адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ Шэрджэс Расьят.   

Шэрджэс Расьят: Сыт хуэдэ лъэпкъми и бзэр здалъагъур и щIэблэ къудейракъым, атIэ а щIэблэм бзэр яIурызылъхьэ тхакIуэ, усакIуэхэращ. Дэ ди гум къэкIри нобэ Инжыдж псыхъуэм дэс тхакIуэ усакIуэхэу, ноби я творчествэмкIэ дызыгъэгуфIэхэр къызэхуэтшэсу цIыкIухэм нэIуасэ яхуэтщIыныращ. Дэ дызэресар сурэткIэ деплъмэ аращ. Нобэ я насып къихьащ езы тхакIуэхэм ябгъэдыхьэу, япсалъэу, я усэхэр жаIэу. Сабийхэм уащеплъкIэ уи гур хэхъуэт. ЖьантIапIэм щысыр ди тхакIуэ нобэ дыздынэсар къыднэсхьэсахэрат, сценэм тетыр ди пщэдейрат.


Хьэбэз щекIуэкIа пшыхьыр лъэпкъыр зыгъэину, ди япэкIи зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэу къилъытащ адыгэбзэр кууэ зыщIэ егъэджакIуэ, тхакIуэ къыздэхъухьа Жьакуэ къуажэм и еджакIуэхэм гулъытэ зыхуащIа БакIуу Марие. Абы зыхуигъэзащ Хуитыныгъэ радиом.

БакIуу Марие: Феплъыт зэ а егъэджакIуэхэм яхузэфIэкIа Iуэхугъуэм. Апхуэдэхэр къыпхэту ди бзэр кIуэдыжын жоуэ си пщIыхьэпIи къыхэхуэкъым. Лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI мы егъэджакIуэхэм. Мыбы ипи фестиваль ирагъэкIуэкIати а махуэм сэ къэзгуфIар пхужыIэнкъым. «Уафэм нэс пIастэ» жысIэт апхуэдэу гуапэу сщыхъуати. ЕджапIэм щIэмыхьа цIыкIухэр яхэту адыгэбзэм и къарур къагъэлъагъуэт. Ар зимыуасэ щыIэкъым. Ди лъэпкъыр дэ ди напэщ. Дэ зызэрытщIыращ псори къызэрытхущытынур. Дунейпсом дэ цIэрыIуэ дыщызыщIар ди адыгэ хабзэхэращи, дэ ар пытщэну нэхъыжьхэм къытхуагъэнащи ар IэщIыб дыщIыну Iэмал зимыIэщ. 


Хъумэрэн цIыкIу къуажэр зыгъэбжьыфIэ тхакIуэ, журналист Даур Жэгъэфари адыгэ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэми кууэ хашащ и къуажэгъу ныбжьыщIэхэм. Зыхэта пшыхьым къыхуигъэуша гупщысэхэмкIэ Даур Жэгъэфар Хуитыныгъэ Радиом къыдэгуэшащ.

Даур Жэгъэфар: Нобэ мыбы ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэр узыфIэмыкIыжыну гъэсэныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Сэ куэдрэ щапхъэу къызохьыр. Зыгуэрхэм жаIэу щытащ НевинномысккIэ унэсмэ адыгэбзэм ухуеижкъым жаIэу. Мисс апхуэдэ гупщысэкIэ мыхъумыщIэм цIыху куэди лъэныкъуабэ ищIащ. Анэ-адэхэм я сабийхэр адыгэбзэ ирамыгъэджу, адыгэбзэм еджэмэ адрей бзэхэр яцIыхужынукъым жаIэурэ мыхъумыщIагъэ куэд къагъэхъуауэ апхуэдэу гъащIэр къокIуэкIыр. Уи бзэр нэхъапэ пцIыхуу, уи бзэм уригушхуэу, укъызыхэкIа лъэпкъым уригушхуэу дунейм утетмэ аращ гъащIэ жыхуаIэр. Иорданым зэ дыкIуауэ Шурдымхэ я щIалэ къыдбгъэдыхьэри адыгэбзэр ицIыхутэкъыми зэдзэкIакIуэкIэ къыдэпсэлъати, кхъыIэ хэкум вгъэзэжмэ Шурдымхэ я щIалэм адыгэбзэ имыцIыхуу дыIущIа жоуэ жывмыIэ жери къыдэлъэIуауэ щыта. А щапхъэр къыщIэсхьыр, ар ди щIэблэм щапхъэ яхуэхъун хуейщи аращ. Нобэ ди пащхьэм зыкъыщызгъэлъэгъуа сабийхэм адыгэбзэр фIыуэ ящIэу къызолъытэр, ахэр езыгъаджэ егъэджакIуэхэми фIыщIэшхуэ яхузощI.


Инжыдж псыхъуэм дэс щIалэгъуалэм адыгэбзэр фIыуэ зэращIэм и щыхьэту ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым  щылажьэ Адыгэбзэ Хасэм и тхьэмадэ Табыщ Мурат фIыщIэ тхылъхэр яхуигъэфэщащ тхыгъэ зэпеуэм увыпIэ лъагэхэр къэзыхьа еджакIуэхэмрэ, абы я егъэджакIуэхэмрэ. 

Хуитыныгъэ радиом къигъэпсэлъащ Адыгэбзэ Хасэм и Хасащхьэм яхэт ХьэцIыкIу Рая.

ХьэцIыкIу Рая: Зыгуэр зэрекIуэкIынур тщIэуэ дыкъэкIуат, ауэ слъэгъуар сымыгъэщIэгъуэну схузэфIэкIыркъым. ЛIыгъэшхуэ ухуейщ усакIуэ, тхакIуэхэр зэбгъэуIуэу апхуэдэу зы махуэм мыбдеж щызэхуэпшэсыну. Апхуэдиз еджапIэр утыку къипшэу щхьэж и къуажэм дэлъ фIыгъуэм тебгъэпсэлъыхьыну. Абы епхьэлIэн хуей лэжьыгъэр зихуэдизыр сощIэри ар къызэзыгъэпэщахэм я лIыгъэр согъэщIагъуэ. Мылъукушхуэ зэрабгъэдэлъыр сабийхэм нобэ яфIэщ ящIащ.  Ядэзгуэшыфынукъым адыгэбзэр мэкIуэдыж жызыIэхэм. КIуэдыжыркъым, ауэ игъэзэщIэн хуей къэлэныр псори игъэзащIэркъым жызыIэм мис абы даIуэгъу сыхуэхъуфынущ. Къэралыбзэу жаIащ, ауэ къэралыбзэм игъэзащIэн хуей къалэныр адыгэбзэм дауи игъэзащIэкъым. Мис абы дыпсэлъэн хуей ещI,  дытепсэлъыхьын хуей ещI.


Адыгэ литературэм и лъахэу Къэрэшей-Шэрджэсым щабж Хьэгъундыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIитIми ягъэлъэгъуащ пщIэ лъагэ зыхуащI тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэр. 

Абы яхэтт Инджыдж псыхъуэм къыдэкIа тхакIуэхэм нобэ я нэхъыжьу дэс Шорэ Хьэсин. Пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ лъагэ яхуищIа нэужь, абы къэлэмыр Iэрылъхьэ хуищIащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Бемырзэ Мухьэдин и къуэ, усакIуэ щIалэ Бемырзэ Зураб. 

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск