Украинэмрэ Европэмрэ я сату зэгурыIуэм къару игъуэтащ


Украинэмрэ Европэ Зэкъуэтымрэ хуиту сату зэрызэдащIэну зэгурыIуэм къару игъуэтащ щIышылэм и 1-м, ар техуащ  Киев хуэгъэзауэ Мэзкуум ерыскъы санкцэхэр къызэригъэщIам. 

2014 гъэм и мэкъуауэгъуэм Украинэмрэ Европэ Зэкъуэтымрэ зэрызэгурыIуа сату хуитыр и Iыхьэщ нэхъ иныу щыт ассоциацэ зэгурыIуэныгъэм.  ИкIи ар ущхьэгъу хуэхъуащ Украинэмрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэхэр хуабжьу екIэкIуэным. 

А зэгурыIуэныгъэм Украинэм лъэкIыныгъэ ирет Европэ Зэкъуэтым и сату уэтыку иным пщIэ имыту ихьэну. Хуагъэфащэ абы украинэ экономикэм и зэныкъуэкъу лъэкIыныгъэхэр иригъэфIэкIуэну. 

Европэ комиссым дыгъэгъазэм и 31-м хэIущIыIу ищIа зыхуэгъэзэныгъэм зэритымкIэ а  зэгурыIуэныгъэр щхьэпэнущ Украинэм и экономикэр къэгъэщIэрэщIэнымрэ абы зыужьыныгъэ Iэмал нэхъыбэ етынымрэ.

Иджырэ къыздэсым урысей сату уэтыкумкIэ унэтIа зэпытурэ щыта украинэ экономикэм европэ бэзэр сату уэтыкумкIэ зигъазэу Европэ Зэкъуэтыим  и мардэхэмрэ хабзэхэмрэ затригъэпсыхьын хуейщ.

Урысейр хуабжьу къигъэгубжьащ совет лъэхъэнэ лъандэрэ и къэухьхэм ита Украинэм къухьэпIэмкIэ зэрызигъазэм. ИкIи Урысейм а сату зэгурыIуэныгъэр куэд щIауэ еуб.  А зэгурыIуэныгъэр минитIрэ пщыкIущ гъэм къызэтрагъэувыIауэ щытащ. 

Абы ипкъ ит зыкъэIэтыныгъэр Киев къызэщIэста нэужь, традзащ  Украинэм и урысейщIэплъ президентыр.

Абы иужь иту Урысейм Кърымыр иубыдри, абыкIэ щIидза хъуащ Украинэм и КъуэкIыпIэм щыIэ урысейщIэплъ сепаратистхэм я зыкъэIэтыныгъэр.    

Иджы Урысейм езы и Iэмалхэр зэрехьэ Украинэмрэ Урысеймрэ яку дэлъа сату зэгурыIуэныгъэ хуитыр зэпигъэуным хуэунэтIауэ. Идэжкъым украинэ ерыскъыхэкIхэр Урысейм ирашэу.

Хуитыныгъэ Радио