Адыгэ Хэкум зыгъэзэжа адыгэхэм ящыщхэр Урысе Федерацием ирагъэкlыжыну шынагъуэ щыlэщ


Сурэтым: И тхыдэ хэкум, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэзэжахьэ хьэрычэтыщl, жылагъуэ lуэхущlакlуэ Бабыгу Эргунщ, Налшык къалэ.

Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэ хъуар къытощ адыгэ лъэпкъым и зэпыщIэныгъэми. 

ИлъэсищэкIэ екIуэкIа урыс-адыгэ зауэм ипкъ иту Уэсмэн Империем Iэпхъуэн къыхудэхуащ лъэпкъым и нэхъыбапIэм.

Иджыпсту адыгэхэр щопсэу къэрал щэныкъуэм щIигъум. Нэхъыбэ дыдэ здисыр Тыркуращ. Лъэпкъ бэдаущ Iуэхузехьэхэм а бжыгъэр зэхуэмыдэу къат - мелуанищым щыщIэдазуэ мелуанитхум нэсу. Тыркум къыщыхъуа адыгэхэм иужьрей илъэс тIощIрэ тхум ягъэзэж я адэжь хэкум Ищхъэрэ Кавказым. Ахэр куэд хъукъым, пщIы бжыгъэщ. Ахэм ящыщщ Тыркум къыщалъхуа Бабыгу Эргун. Илъэси 8-10 мэхъу ар Тыркум икIыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыпсэурэ. Абы Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжриIамкIэ, а республикэр псэупIэу къыхэзыха адыгэхэм иужьрей махуэхэм тхыгъэхэр яIэрохьэ щIыпIэ федерал миграцэ къулыкъум къыбгъэдэкIыу, абы итщ абдеж щыпсэуну ирата хуитыныгъэр якъутэжу, Урысейм икIыжу Тыркум ягъэзэжын хуейуэ. 

Ар иджыри адыгэхэр я тхыдэ хэкум зэрарху къыкIэлъыкIуэ Iыхьэщ, жаIэ лъэпкъ бэдаущ Iуэхузехьэхэм. 

Бабыгу Эргун:  Мы кхъухьлъатэр кърагъэхуэха иужь Урысейм унафэ гуэрхэр къищтащ тыркухэм яхуэгъэзауэ. Абы хэкум къэзгъэзэжахэри хиубыдащ, тырку паспорт зыIыгъ яхэтщи. 

Тыркум дэ дызэрепхар а зы паспортым фIэкI зыри диIэкъым. Дэ ди лъэпкъ, ди хэку жытIэри дыкъэкIуэжауэ аращ. 

АрщхьэкIэ хабзэ, апхуэдэу зы унафэ къыщежьэм щыгъуэ мыбыкIэ цIыхухэри фIыуэ зэхэзехуэ хъуащ. Ди щIалэхэми я документхэр lахыжын хуэдэу тхылъхэр къыхуагъэхьащ. Мыр занщIэу апхуэдэу щIэхъуаращ сэ къызгурымыIуэр. 

Мыбы нэхъыбэм паубыдыр фи адресыр, фызыщыпсэур пэжу къэвгъэлъэгъуакъым, жаIэри аращ.  Дэ пэрыт хасэр щыдгъэлажьэми абы иужькIи lэмал дгъуэтыхункIэ дытхьэусыхащ мы регистрацэм теухуауэ,  адресхэр щебгъэтхым гугъуехь гуэрхэр зэрыщыIэм теухуауэ. Иджыпсту а документхэр къыпIитхыжынущ жыхуаIэхэм къыпаубыдыр аращ нэхъыбэу.

Хуитыныгъэ Радио: Эргун, Къэбэрдей-Балъкъэрым къинэмыщI Адыгэ Республикэм, Къэрэшей Шэрджэсым згъэзэжа адыгэхэми апхуэдэу текъузэныгъэ хуащIрэ, ахэми Тыркум фгъэзэж, Урысейм фимыс къыжраIэрэ?

Бабыгу Эргун: Адыгейми апхуэдэ дыдэхэр щекIуэкIащ, кIуэхэри жраIащ, ‘Мыпхуэдэ щыуагъэ фымыщIэ, иджыри зэ дыкъакIуэмэ протокол фхуэттхынущ’ жаIэри къагъэнащ.

Хуитыныгъэ Радио: Мы lуэхугъуэр къигъэувыIэн, адыгэм я lуэхум къыщхьэщыжын хуей Адыгэ Зэгухьэныгъэхэм сыт жаIэр, лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIрэ тхыдэ хэкум фыкърамыгъэкIыжыным теухуауэ?

Бабыгу Эргун: Иджыпсту Дунейпсо Адыгэ Хасэм дыкIуэри абыи гу лъедгъэтащ,  Iуэхур зытетыр ягурыдгъэIуащ. ТыркумкIэ щыIэ хасэхэми ягурыдгъэIуащ. Ахэми «Iэмал иIэу зыгуэр тхуещIэфым етщIэнущ» жаIащи дожьэ, ауэ дауикI цIыхухэр зэхэзехуэ ящIащ. 

Мыбы нэхъыщхьэр мыращ, мыр сэ си хэкущ, мыр сэ си лъэпкъщ. Мыбдеж и лъэпкъым къэкIуэжу къыбгъэдэувэжа цIыхум уэ у-тыркут жепIэрэ буубыдмэ, ар зэхэзехуэныгъэщ. 

Дэ дытыркукъым. Дэ дыадыгэти дыкъэкIуэжри ди хэку дыкъитIысхьэжауэ аращ.

1990 гъэхэм  Совет Зэкъуэтыр зэрылъэлъэжрэ Ищхъэрэ Кавказым щыпсэуну зыгъэзэжа хэхэс адыгэхэм я бжыгъэр 2000-м ноблагъэ. Ахэм ящыщу цIыху 200-р Тыркум икIыжауэ аращ.

Мыпхуэдэ бжыгъэхэр къат лъэпкъ Iуэхузехьэхэм. И нэхъыбэу ахэр икIыжащ Тыркум, Иорданием, 2011 гъэ лъандэрэ зауэ здекIуэкI Сирием.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие