Ищхъэрэ Кавказым деж цIыху кIуэдахэм я бжыгъэр 8.000-м ноблагъэ


Илъэс 15м къриубыдэу статистикэм къызэригъэнаIуэмкIэ Урысейм деж, лэужьыншэу кIуэдахэм я бжыгъэр цIыху минищэм щхьэдох. Къэхъу къащIэ зэхуэмыдэхэм пэщIэхуэурэ, я унагъуэ, я Iыхьлыхэм зыпамыщIэжыфкIэрэ илъэс къэсхункIэ цIыхухэр лъэужьыншэу кIуэда мэхъу. Ищхьэрэ Кавказым деж апхуэдэу лъэужьыншэу кIуэдхэм я нэхъыбэр е яукI, е зыми ямыщIэу яубыдау яIыгъыу апхуэдэщ.

 ИлъэсипщI ипэ Къэбэрдей Балъкъэрым деж лъэужьыншэу кIуэдауэ щытащ, Ислъам институтым и унафэщI Нахущ Руслан. Зэгуэрэм шынагъуэншагъэ къулыкъум щылэжьа Нэхущ Руслан я дэлэлт  зи хуитыныгъэ якъутэу жызы1э муслъымэн щIалэгъуалэмрэ къару къулыкъухэмрэ.

2005 гъэм, жэпуэгъуэм и 13-м, Налшык дэт къару къару къулыкъущIапIэхэм теуэныгъэ яIа нэужь, а илъэсым и щакIуэгъуэм Нэхущыр ираджащ федерал шынагъуэншагъэ къулыкъум.

Абы иужь сыт къыщыщIами дэнэ щыIэми и Iыхьлыхэм яцIыхукъым, мы гъэм илъэсипщI хъунущи.

Мамыр Iуэху зылэжь купсэ генерал Лебедь и цIэр зезыхьэ IуэхущIапIэм къызэригъэнаIуэмкIэ, Ищхъэрэ Кавказым лъэужьыншэу цIыху мин 7621 щыкIуэдащи нобэр къыздэсым я лъэужь техьэхэу Iуэхур зыхагъэкIакъым. ЗэрыжаIэмкIэ, цIыхухэр щыкIуэдар Ищхъэрэ Кавказым къыщыхъу террор пэкъуащIэ щытыкIэхэм дежщ.

ЦIыхубэм я хуитыныгъэм къыщыщхьэщыж купсэ «Мемориалым» къызэригъэнаIуэмкIэ, Шэшэным террор пэкъуащIэ щытыкIэ къыщыхъуам щыгъуэ ягъэкIуэдащ цIыху 3.000-м щыщIэдзау 5.000-м нэс. Ингуш республикэм 2002 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къэсыху лъэужьыншэу щыкIуэдащ цIыху 150 хуэдиз. ЦIыхубэм я хуитыныгъэм къыщыщхьэщыж IуэхущIапIэ «Машр» зэригъэнаIуэмкIэ, а бжыгъэр нэхъыбэжщ цIыху 227 мэхъу.
ЦIыхубэм я хуитыныгъэм къыщыщхьэщыж IуэхущIапIэ «Машр»ым и унафэщI Магомед Муцольгов и къуэш Башир Муцольгови хэтт лъэужьыншэу кIуэда цIыхухэми.

Магомед Муцольговым и напэ кIуэцIым иритхауэ щытащ:  «Си къуэшыр зыгъэкIуэдахэр къахуэщIакъым  илъэс 11- кIэ къалъыхъуэри, щамыгъуэтым ягъэувыIэжащ  къэлъыхъуэныр» жиIэу.

«ЗэхэгъэкIакIуэ къулыкъухэр я щхьэ щIыщытхъужын лъэпкъ щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, лъэужьыншэу кIуэда цIыхухэр къагъуэтыжыфыркъым, къагъуэтынууи загъэхьэзыркъым. Зи благъэ кIуэда цIыхухэр зыщыгугъыну къахуэнэжыр зыщ, цIыху хуитынгъэмкIэ Европэ хьэкумыр къадэIэпыкъун гугъэрщ» къыдыщIигъужащ Муцольговым. 

Европэ хьэкумым я лэжьыгъэм хиубыдэр щIэпхъэдагъэ Iуэхур къэгъуэтыным и закъуэкъым, атIэ, къагъуэта иужь хабзэм къызэригъэувкIэ Iуэхум екIуэлIэнырщ. ЗэкIэ цIыхубэр зыщыгугъыу яIэр зыщ, Ищхъэрэ Кавказым лъэужьыншэу щыкIуэд цIыхухэр зэ мыхъуми зэ увыIэу, ипIэ изэгъэжынырщ.

Лъэпкъыбэхэм я зэгухьэныгъэ Жор плъыжь IуэхущIапIэм илъэс къэс пэкIухэр ирегъэкIуэкI лъэужьыншэу кIуэда цIыхухэр ящымыгъупщэу ягу зэрилъым и нэщэнэу.

Мы гъэм ингуш республикэм я псэпащIэ зэгухьэныгъэхэм зыхуэс ирагъэкIуэкIащ, лъэужьыншэу кIуэда цIыхухэр ягу къагъэкIыжыурэ. «Мыпхуэдэ пэкIухэр едгъэкIуэкIыу щытмэ ди унафэщIхэм гу лъатэнщи кIуэдахэр къагъуэтыну лъэужь техьэнщ» жэуэ апхуэдэ гугъэхэр яIэу.

Хуитыныгъэ Радио. Дыжьын Иннэ