Къэбэрдей-Балъкъэр спортсменхэм текIуэныгъэ къыщахьащ Тыркум


Тыркум и Мараш къалэм илъэс къэс щекIуэкI дунейпсо банэ турнирым Къэбэрдей- Балъкъэрым и бэнакIуэхэри хэтащ.

Хэхэс адыгэхэм я лъэпкъэгъу бэнакIуэхэм Iуэхур даIыгъыу екIуэкIа турнирым адыгэ бэнакIуэхэм текIуэныгъэхэри къахьащ. Зы япэ увыпIэр, ещанэ увыпIэу 4-рэ къахьащ. 

Хуитыныгъэ Радиор бэнакIуэхэм япсэлъащ. Япэрауэ и хьэлъагъэмкIэ япэ увыпIэр къэзыхьа ТIыкIушэ Амин. 

ТыкIушэ Амин:  Сэ си гу ирихьащ турнирыр, икIи бэнакIуэ лъэщи хэтащ. Турнир лъэщ хъуащ. Сэ зэрысщIэмкIэ япэу ирагъэкIуэкIкъым мыр.

Хуитыныгъэ Радио: Амин уэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт хуэдэ къуажэ узыщыщыр, илъэс дапщэ хъуауэ убанэрэ?

ТыкIушэ Амин:  КъуажэкIэ Шэджэм сыщыщщ (Къундэтей).  Илъэси 9  сыщыхъум си адэм сыкъишэри, бэнакIуэ нэхъ игу ирихьу къыщIэкIынти, сэри абы сыхэту щIэздзащ.

Къардэн Ашэмэз:  Сэ сыбэнауэ жыпIэ мыхъуну. Си лъакъуэр узри сыбэнэфакъым.

Лlыlэшын Астемир:  Сэ кг 70-м сыщобанэ.

Зэкъуий Анзор:  Сэ Тыркум япэ сыкъакIуэу аращ, дахэ дыдэу екIуэкIащ, ещанэ увыпIэр къэсхьащ. Ауэ тырку бэнакIуэхэм хеящIэхэр къащхьэщож текIуами темыкIуами, ар си гу ирихьакъым.

Елмэс Замир:  Егъэлеяуэ дигу ирихьащ. Гуапэу дыкърагъэблэгъащ. Дэ зыри къэдмыхьами щIалэхэм текIуэныгъэ къахьауэ докIуэж. МыдэкIэ, сэ нэгъуэщI щIыпIэхэми сыщыIащ, Истанбыли, абы щыгъуэ си гу ирихьат.  Мис Мараши аращ, ерыскъы IэфIхэр яIэщ. Хъарзынэу дагъэхьэщIэ.

Мыбы адыгэ дэсхэми дыкъызэрысу занщIэу дыкърагъэблагъэри дагъэхьэщIащ дыгъуасэ. ПщIэ нэмыс къытхуащIащ, фIыщIэ ин яхудощI.

Шагъырбей Беслъэн:  Сэ ХьэтIокъущыкъуей къуажэм сыщыщщ, Налшык сыщобанэ. Тыркум сэ япэу сыкъакIуэу аращ. Ди япэкIэ къэкIуа щIалэхэр Iейуэ щытхъут, зэрагъэхьэщIэ сытхэм тепсэлъыхьти, си нэ къикIт сыкъэкIуэнуи, жаIэу хъуар пэжщ. Дэ икIи дыкъраудам икIи идудам, сэ ещанэ увыпIэр къэсхьащ.

Мэшэжь Рэсул:  Сэ Тыркум иджы ещанэу сыкъакIуэу аращ, ипэми мис мы Мараш къалэ дыдэми сыкъэкIуащ. Псори дахэу екIуэкIащ, мылъкушхуэ трагъэкIуадэ егъэлеяуэ. Сэри ещанэ увыпIэр къэсхьащ.

***
Мараш къалэр илъэс 96-рэ ипэ Францием къызэрыIэщIахыжам и цIэкIэ илъэс къэс банэ зэхьэзэхуэхэмрэ нэгъуэщIхэмри ирагъэкIуэкI, мамырыгъэ, зэкъуэшыныгъэ жаIэри. Дунейпсо банэ турнирым къэрал 17-м къикIа бэнакIуэхэмрэ Тыркум ейхэмрэ хэтащ, псори зэхэту 130-ри щызэбэнащ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие