Вашингтон: Урысейм залымыгъэр къызэщIигъэстыху къэси уасэ лъапIэ итынущ


Украинэм и къуэкIыпIэм щыIэ урысейщIэплъ сепаратисхэм зэрадищтэм папщIэ Урысейм тралъхьа санкцэхэр дяпэкIэ зэрыхъунур епхауэ щытын хуейщ минск зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иту Мэзкуу зытрилъхьэжа пщэрылъхэр гъэзэщIа зэрыхъум.

Бэрэжьейм телефонкIэ щызэпсалъэм апхуэдэ гупщысэм хуэкIуащ  Штат Зэкъуэтхэм  я вице-президент Байден Джорэ Украинэм и президент Порошенко Петрорэ.

Унэ Хужьым и зыхуэгъэзэныгъэ тхылъым зэрыщыжыIамкIэ, къэрал пашэхэр арэзы хъуащ: Урысейм залымыгъэмрэ хьэлэбэлыкъымрэ Украинэм деж къызэщIигъэстыхуи,  къэралыбэ уэтыкур хущIэкъунущ апхуэдэ Iуэхухэр Урысейм нэхъри лъапIэ хуэхъуным.

Байден Джо и гуапэ хъуащ Украинэм и къуэкIыпIэм деж сепаратистхэм я нэIэм щIэт  щIыналъэхэм статус хэха ятыным теухуауэ Радэ Нэхъыщхьэм къихьа унафэр. Украинэ хабзэхэм япкъ иту абдежым щIыпIэ хэхыныгъэ хуитхэр екIуэкIа нэужь, мы хэгъуэгухэм иратынущ хуитыныгъэ пыбзыкIахэр.

Хуитыныгъэ Радио