КъБР-м щIы Iуэхум къуажэдэсхэр къызэщIегъаплъэр


КъБР-м илъэс 20-м щIигъуащи щIы Iуэхум ехьэлIа упщIэхэр икIэм нэсыу  зэхэха мыхъуауэ щытщ. Мы упщIэм елэжь жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ ар нэхъыбэу къызыхэкIыр Совет союзыр зэрыкъутэжрэ мы республикэм щIыр къуажэ дэсхэм зэрыхуамыугуэшыжаращ.

ИкIи жаIэ, абы  къыхэкIкIэ нобэ щIыр къэрал къулыкъущIэхэмрэ ахэм я пэгъунэгъу, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ къыхэгъэщхьэхукIа цIыху зыбжанэмрэ я IэмыщIэ илъ хъуауэ».
Республикэм и «Каббалстат»  къэхутакIуэ купсэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ мыбы цIыхуу щыпсэум и зэхуэдитIым нэблагъэр къуажэдэсщ. ИкIи мы республикэр экономикэ и лъэныкъуэкIэ нэхъыбэу мэкъумэш Iуэхум хуэгъэзауэ къагъэлъагъуэр.

АрщхьэкIэ къуажэдэсхэм щыщ куэдым зэрыжаIэмкIэ, щIыр зыхузэфэкI цIыху зыбжанэм зэраIэщIэлъым къыхэкIкIэ абы телэжьыхыьну хуей куэдым апхуэдэ Iэмал ягъуэткъым.
Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр лъабжьэ хуэхъуу  мы республикэм и къалащхьэ Налщыч и дейж 2009 гъэм щыгъуэ  пэкIухэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ щекIуэкIауэ щытащ.

Апщыгъуэм нэхъыбэу мы упщIэм теухуауэ цIыхубэр нэхъ къызэщIэзыгъэплъауэ щытауэ а Iуэхугъуэхэм хэта жылагъуаэ IуэхущIакIуэхэм утыку къыралъхьар къущхьэхъум щыIэ хъупIэхэри нэхъыбэу къущхьэ къуажэхэм ялъысыуэ республикэм и унафэщIхэм унафэ къызэраIэтарат.

Ауэ мэкъумэшыщIэ «Адыгэш» куэду зезыхуэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Егъэн Ибрахьим къызэригъэлъагъуэмкIэ иджыпсту нэхъыбэу къуажэдэсхэр нэхъ къызэщIэзыгъаплъэр ахэр зытелэжьыхьын щIы зэрамыгъуэтыр, къуажэщIхэр цIыху зыбжанэм я IэмыщIэ зэрилъыр аращ.
Iуэхур нэхъри нэхъ щIэгъэхуэбжьа ещIыр иужь лъэхъэнэм къэрал псом къапщтэмэ лэжьапIэншэхэр хэхъуэ зэпыту зэрыщытыр.

Уасэхэм псынщIэ дыдэурэ зэрыхэхъуэр, улахуэхэм зэрыхэщIыр, цIыху куэдым я псэукIэр икъукIэ гугъу зэрыхъуар.

Абы ипкъ иту мызэ мытIэу информ къулыкъу щхьэхуэхэмм утыку къралъхьащ республикэм и къуажэ щхьэхуэхэм цIыхухэр зэхуэсурэ я мыарэзыныгъэхэр къагъэлъагъуэу щIы Iуэхур хьэкум Iуэху ящIауэ апхуэдэ IэмалкIэрэ я мыарэзыныгъэхэр ягъэзакIуэнууэ иужь щит Iуэхугъухэр.
Псалъэм папщIэ,  апхуэдэ къуажэухэу нэхъ жыджэру мыпхуэдэ псалъэмакъхэр къыщокIуэкIыр Псынабэ, Сэрмакъ, Малкэ, Нартан, ХьэпцIей, Болътей, нэгъуэщIхэми.

Иужь дыдэу мэлыжьыхыьым и I7 Нартан и дейж щызэхуэсахэщ абы дэсхэу езым я гукъыдэжкIэ нэхъ жыджэрууэ щIы Iуэхум елэжь цIыху зыбжанэ.

Ахэм я мурэдщ ямыгъэгувэу къуажэдэс псори зэхашэу мы упщIэм теухуауэ яIэ гумащIэгъуэхэр утыку къыралъхьэну.

АдэкIэ ахэм я Iуэхур зытетыр Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ мы къуажэм щыщ, щIы Iуэхур къызэрежьэрэ абы жыджэрууэ хэт мэкъумэшыщIэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Медалий Iэдэм:

«ЦIыхухэр зэхуосри топсэлъыхьыр. Псори нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр щIы Iуэхуращ. 
ЩIалэгъуалэр лажьэну хуейщ. ЩIыр къуажэм къратыжыну хуейщ. Зэрыкъуажэу ирогузавэр. Дэри долэжь. ЦIыхубэ комиссие щIы Iуэхум теухуауэ зыкъом щIауэ диIэщ Нэртаным.  Ар 20I2 гъэм щыгъуэ дыухуауэ щытащ. Сэри сыхэтщ абы. Къуажэм мыхъумыщIэ къыщекIуэкIыр къыдоIэтри къэрал IуэхущIапIэхэм идотыр. Ауэ къэрал IуэхущIапIэхэм загъэхъекъым».

Нартан къуажэм, республикэм и къэхутакIуэ купсэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, цIыхууэ мин I8-м нэблагъэ дэсщ. Ауэ  а къуажэм щIыуэ иIэр цIыху зыбжанэм я IэмыщIэм илъ хъуауэ къокIуэкIыр.

ИкIи  а зэIущIэм хэтахэм нэхъыбэу гумащIэгъуэ щыIэхэр къызыхэкIыу къагъэлъагъуэр цIыху зыбжанэм къэрал хабзэхэм къемызэгъыу, е къэрал хабзэхэр езыхэр зыхуей лъэныкъуэмкIэ яшэурэ къуажэщIыр я IэмыщIэ иралъхьэжауэ, нэгъуэщIым телэжьыхьыну хуей къуажэдэсхэм щIы зэрамыгъуэтыжыр аращ.

Мы упщIэр мы къуажэм къызэраIэтрэ илъэс бжыгъэхэр хъуащ. ИкIи мы Iуэхур къуажэдэс къызэрыгуэкIхэм хьэкум Iуэху ящIауэ куэд щIауэ къокIуэкI.
АрщхьэкIэ ахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ иджыпсту къуажэщIыр зыIыгъхэр е къулыкъущIэхэм е къулыкъу зиIэхэм япыщIауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ Iуэхум и пэжыпIэм тету зэхагъэкIыныр икъукIэ гугъу мэхъу.

Мы республикэм щIы Iуэхум зэман зыбжанэ хъуауэ кIэлъыплъ, абы хэт жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм, къуажэ щхьэхуэхэм щыщ мэкъумэшыщIэхэми цIыху къызэрыгуэкI куэдми къызэрагъэлъагъуэмкIэ, мыпхуэдэ гумащIэгъуэ дыдэхэр къыщокIуэкIыр адрей КъБР-м щыIэ къуажэхэм я нэхъыбэми.  

Къэбэрдей-Балъкъэр,
Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал