25.04.2016 - Адыгэ ныпым и махуэр зэрырагъэкIуэкIынум теухуауэ


Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Адыгэ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым я лъэIукIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Админист-   рацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд КъБР-м и Правительствэм и Унэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м ди республикэм зэрыщагъэлъэпIэнум.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэ лъандэрэ Адыгэ ныпым и махуэр зэраIэтым хуэдэу, мы гъэми екIуу къызэрагъэпэщынущ. БлэкIа илъэсхэм мы махуэ лъапIэм дунейпсо мыхьэнэ иIэ зэрыхъуамрэ щIалэгъуалэм я гупыжымрэ къалъытэри, къулыкъущIэхэр зэгурыIуащ республикэм и район псоми нэсу машинэкIэ бэракъыр кърахьэкIыныр екIуу къызэрагъэпэщыну. Ахэр Налшык къэсыж-мэ, Абхъазым и утыкум махуэшхуэ концерт щекIуэкIынущ, джэгу щызэхашэнущ, Адыгэ ныпым и мыхьэнэм, абы къежьапIэ хуэхъуам теухуа псалъэмакъ щхьэпи щызэхахынущ.

Къуэдзокъуэ Мухьэмэд гуфIэгъуэ махуэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщынымкIэ, егъэкIуэкIынымкIэ щIапхъэхэр я пщэ дилъхьащ зыхуэфащэ министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ.

ЗэIущIэм хэтащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Адыгэ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор сымэ.

adyghepsaleru