Польшэми, Чехиеми, Словакиеми, Литвами я унафэщIхэр Мэзкуу Парадым хэтынукъым


Накъыгъэм и 9-м Мэзкуу щекIуэкIыну Парадым хэтынукъым Польшэми, Чехиеми, Словакиеми, Литвами я къэрал къулыкъущIэ лъагэхэр. 

Ар «Польско радиом» и урыс къудамэм къитащ щIыпIэ хъыбарзехьэ Iэмалхэм затригъащIэурэ. 

Польшэми, Словакиеми, Чехиеми къэрал зыхъумэжыныгъэмкIэ я къулыкъухэм къатащ ТекIуэныгъэм и махуэм ехьэлIауэ я къэралхэм щекIуэкIыну зэхыхьэхэм я лIыщхьэхэр зэрыхэтынур.  

Литвам хамэкъэрал IуэхухэмкIэ къулыкъум къелъытэ, Украинэм хуэгъэза урысей агрессием иужь Мэзкуу и махуэщI зэхыхьэхэм щIыхэтын ущхьэгъу имылъагъуу.  

Урысейм деж хабзэ щыхъуа ТекIуэныгъэм и Парадыр екIуэкIынущ накъыгъэм и 9-м.  
     
Хуитыныгъэ Радио