«Черкесский ренессанс» зэгухьэныгъэм IэмалыщIэхэр къагъуэт


«Черкесский ренессанс»ыр вконтакте соцсетым къыщежьащ гупу. Мазэ зыбжанэ ипэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ хъуащ Абы и тхьэмадэр Жылэгъащтэ Хьэчимщ. Гупым къыралъхьэ хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр. Ахэр Хэкум, Тхыдэм, Хабзэм епхащ. Зэгухьэныгъэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом гупым хэт ТхьэкIумащIэ Тимур зыхуигъэзащ:

- Фи гупым и щIэдзапIэ хъуар сыт, Тимур?

- Къапщтэмэ, псори къыщежьар вконтакте гупыращ. Япэ щIыкIэ Хьэчим «Кавказский ренессанс» гупыр зригъэпэщащ. А зэманым Кавказыр куэдкIэ екIэ ираIуэу щытащ, аращи гупым и мыхьэнэ нэхъыщхьэу щытар Кавказыр фIы лъэныкъуэкIэ цIыхум къегъэщIэнырщ. Зэман гуэрым адыгэхэри апхуэдэ зы гуп зэрыхуэныкъуэр гурыIуэгъуэ хъуащ. Абы щыгъуэм, 20I3 гъэм, «Черкесский ренессанс» гупыр зрагъэпэщащ. И мыхьэнэ нэхъыщхьэр адыгэхэм я хабзэ, щэн дахэр щIалэгъуалэм къегъэщIэнырщ, къегъэщтэжынырщ. Адыгэ фащэри щыттIэгъэжын хуейщ, ауэ хабзэр нэхъ мыхьэнэ зиIэ фащэ нэхъыщхьэ дыдэ, зыщыптIэгъэжын хуейуэ щытыр аращ псом япэ. Ди щхьэкIэ щIэддзауэ, аращ цIыхум жетIэну, нэдгъэсыну дызыхуейри. Лъэпкъым фIы тхэлъ псоми – фащэ ирехъу, тхыдэ ирехъу, лIыхъужь ирехъу – щIалэгъуалэр щыгъуазэ тщIыну дыхуейщ.

- Зэгухьэныгъэ фызэрыхъуар дауэ?

- Ипэ дыдэм къызэрежьэрэ апхуэдэ гухэлъ диIауэ пхужыIэнукъым. Ауэ гъащIэр ипIэ иткъым. Дэри нэхъыбэ тщIэну, длэжьыну дыхущIокъу. Абы и зы Iэмалу къэтлъытащ жылагъуэ зэгухьэныгъэ ухъуныр. Iуэху гуэрхэр зэфIэбгъэкIыфынущ нэхъ тыншу, нэхъ псынщIэу, зэгухьэныгъэу ущытмэ.

- Хэт фи зэгухьэныгъэм хэтхэр? Сыт хуэдэ къалэн ягъэзащIэхэр?

- ЦIыху I4 нэблагъэ нэхъ жыджэру хэтхэщ. Псори здыщыщыр щIыпIэ зэхуэмыдэщ, интернеткIэ дызэрощIэ, абы дызэхуишэсауи щытащ. Сэбэп зыгуэркIэ сыхъуарэт жызыIэ щIалэгъуахэр дызыхуэсауэ ара, къапщтэмэ.

Щхьэж пыухыкIауэ къалэн игъэзащIэу аракъым, атIэ Iэху гуэрым иужь дихьамэ дызоджэнджэщри, щхьэж нэхъ хузэфIэкIыр ещI. Гупхэр соцсеть вконтакте, фейсбук, инстаграмым диIэхэщ. Нэхъыбэу дызыдэлажьэр щIалэгъуалэщ. Аращ лъэкъым и пщэдейр.


- Фи напэкIуэцIхэм къифлъхьэхэр сыт? НэгъуэщI гупхэми фыдэлажьэу фыщыт?

- Гупым къыдолъхэ тхыдэм щыщ Iыхьэхэр, усакIуэ-тхакIуэхэм я тхыгъэхэр, адыгэ лIыхъужьхэм теухуа хъыбархэр. Псалъэм папщIэкIэ, хэхауэ зыгуэрым зэманкIэ дыщытепсэлыхь щыIэ. Апхуэдэу Къалмыкъ Юрэ теухуауэ хъыбархэр къитлъхьэу щытащ мазэ зыбжанэкIэ. ЯщIэтэкъым цIыхуэм Урысейм и министр юстиции адыгэу зэрыщытар. Къитлъхьауэ щытащ, псалъэм щхьэкIэ Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ Бахъсэн Культурнэ просветительскэ центр зэрызрагъэпэщауэ зэрыщытам теухуауэ. Типографие япэрей дыдэхэм щыщи зрагъэпэщауэ щытащ. Ар куэдым ящIэу щытыхакъым. НобэкIэ гукъыдэжым дыхуэныкъуэщ. БлэкIар тщIэжу щытын хуейщ, ауэ а зымкIэ упсэу хъунукъым. Къэзэнокъуэ Жэбагъы и жыIауи «Зэманым декIур лIыфIщ». Зэманым фIы щыIэр къыхэхын хуей, ауэ блэкIари тщIэжу. Дыздэлажьэхэм теухуауэ жыпIэмэ, куэд хъукъым апхуэдэу. Нэхъ дыздэлажьэу жыпIэ хъунур «Жьэгу» зэгухьэныгъэращ. ЗэрыхъукIэ, акцие ирагъэкIуэкIхэм дыхэтщ, хъыбархэр къыдолъхьэ зыгуэр цIыхухэм деж нэгъэсын хуеймэ. ЩIыхьэху ящIхэми зыкъыридгъэхьэлIэну, цIыху зэхуэтщэсыну дыхэтщ.

- Гупым щIалэгъуалэр къызэрефшалIэр дауэ? Зэхьэзехуэхэр евгъэкIуэкIрэ?

- Зэхьэзехуэ зэмылIэужьыгъуэхэр идогъэкIуэкI. «Читай, Черкес», «Нэхъыжьхэм я ущие», «Собери черкеса в школу», нэгъуэщIхэри. «Читай, Черкес»ыр дигу къыщIэкIар щIалэгъуалэм я щIэныгъэм нэхъ зедгъэубгъун папщIэкIэщ. Мазэм икIуэцIкIэ тхылъ гуэр къыхэпхыу уеджэн хуейуэ щытащ икIи махуэ къэм а тхылъым щыщ пычыгъуэ къиплъхьэу. ИкIэм деж а тхылъым сыт хуэдэ дерс къыхихами итхыжын хуейт. Тхылъ гъэщIэгъуэнхэр къыхахат: «Черкесское наездничество», «Черкесская этика», «Адыги» хуэдэхэр.

- Куэд мыщIэу фи зэгухьэныгъэм зэхуэсхэр иригъэкIуэкIын щIидзащ, зэрытщIэщи. Сыт абыхэм я мыхьэнэр?

- Къалэн нэхъыщхьэ дыдэу щытыр щIалэгъуалэм дэлэжьэныр, щIэныгъэ егъэгъуэтыныр. Налшык деж «Молодежный клуб» ирагъэжьащ. Гъатхэпэ мазэми Жылэгъащтэ Хьэчимрэ КIарэ Ратмиррэ зэдэщIыгъуу Iэдииху школым ирагъэблэгъащ. Ахэр сабийхэм Къалмыкъ Юрэ и гъащIэм хутепсэлъыхьахэщ. Абыхэм я гуапэ хъуащ сабийхэм ар яфIэгъэщIэгъуэн зэрыхъуар. «Молодежный клуб» жыпIэмэ, тхьэмахуэ къэс зэхуос. Ахэр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм топсэлъыхь, щIалэгъуалэр гупсысэм хуашэ, парламентскэ дебатхэм хуэдэу ирагъэкIуэкI. НэгъуэщI джэгукIэхэри идогъэкIуэкI бзэм, акъылым зиужьынымкIэ.


- Ди къакIуэм вгъэзэщIэну фигу илъыр сыт хуэдэ Iуэхугъуэ?

- Пэжу жыпIэмэ, сайт тщIыну е нэгъуэщI жысIэу схужыIэнукъым. ТхулъэкIыр тщIэуэ, адэкIэ зыдужьыну ара. ДызыхуэкIуэнуми дытемыпсэлъыхьу, тщIа нэужь жытIэмэ нэхъыфIщ. Адыгэм жаIэу щытыгъащ «ДахэжыIэ нэхърэ дахащIэ». Дэтхэнэ хуей псоми ди гупым кърилъхьэ хъунущ и хъыбар. Бзэр нэхъ ящIэн папщIэкIи нэхъыбэ къитлъхьэну дыхэтщ.


ХъыбарыщIэ къыралъхьэхэм щIэуэ халъхьауэ щытщ «Черкесс 2I века» жыхуиIэр. Ар тхьэмадэм зэрыжиIамкIэ, зэман дызыщыпсэур технологие зэманщи, абы фIыкIэ декIун хуейщ, декIур зэгушхуэн хуейщ. Мурад яIэхэм щыщщ еджапIэхэм лекциехэр ирагъэкIуэкIыну, ар псалъэ защIэу щымыту, гъэлъэгъуэныгъэ игъусэу. ИужькIэ Iуэху ящIахэм нэтын къыхащIыкIыжу интернетым къралъхьэу, дэтхэнэ щIыпIэми щыIэ адыгэхэм ирагъэлъэгъужыну я мурадщ. Гупым жыджэру хэтхэщ Сэрэтинэ Ларинэ, Мэргъуш Юрэ, Гугъуэтыж Артур, нэгъуэщIхэри.

Парламенские дебаты щIалэгъуалэм папщIэкIэ ирагъэкIуэкIым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъэхэр къыхах. Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэщ туризмым, журналистикэм, нэгъуэщI мыхьэнэ зиIэ нобэм епхахэм. Гупым и тхьэмадэм зэрыжиIамкIэ, адыгэ лъэпкъыр, хабзэр яфIэгъэщIэгъуэну адыгэм нэмыщI нэгъуэщI лъэпкъхэри къохьэ, къыщIоупщIэ, гъэщIэгъуэн ящохъу, адыгэбзэ зэзыгъэщIэну хуейхэри къыхэкIащ. Апхуэдэу армян хъыджэбз адыгэбзэ зэзыгъащIэр усэ къеджэу фыдогъэдаIуэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан