Ди лъахэгъу цIэрыIуэ, Рио-де-Жанейрэ щыIа Олимп джэгухэм бэнэныгъэ гуащIэ щезыгъэкIуэкIа икIи дыжьын медалыр къыщызыхьа Джэду Iэниуар Москва къэсыжащ. Псоми зэакъылэгъуу къалъытащ абы иригъэкIуэкIа иужьрей зэIущIэр олимпиадэм и зэпеуэ нэхъ гуащIэ дыдэу щытауэ.
Нэхъ япэкIэ фэбжь игъуэта пэтми, Iэниуар къикIуэт имыщIэу бэнащ икIи дуней псом щигъэлъэгъуащ ерыщагъ ин зэрыхэлъыр, хэкум и щIыхьыр хъумэным къимыкIуэтыжу зэрыхущIэкъуар. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр а зэпэщIэтыныгъэм хуабжьу пIейтейуэ кIэлъыплъащ.
БэнакIуэм лъэщу зыкъызэригъэлъэгъуар УФ-м и Олимп комитетым и президент Жуков Александр къыхигъэщхьэхукIащ. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий жиIащ Iэниуар и дыжьын медалыр дыщэ медалу зыбжанэм нэхърэ зэрынэхъ лъапIэр, абы кIэух зэIущIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу икIи щхьэмыгъазэу зэрыригъэкIуэкIар.
Спортсмен гъуэзэджэр кърагъэблэгъэжын папщIэ Шереметьевэ и аэропортым кIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и лIыкIуэу зэпымыууэ Москва щыIэ Быкъыш Ратмир, къэрал властым и федеральнэ органхэмрэ Москва и Правительствэмрэ ядэлэжьэныр къызэгъэпэщынымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и лIыкIуэ хэха – КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Губин Геннадий, спортыр фIыуэ зылъагъухэр, гъэсакIуэхэр, спорт- сменхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, бэнакIуэм и благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. Абыхэм Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я ныпхэр яIыгът. Утыкум итт адыгэ фащэ зыщыгъ къэфакIуэхэр.
«Уэ ипэжыпIэкIэ лIыхъужьыгъэ зепхьащ икIи уэркIэ пагэщ зэрыщыту ди Урысейр»,- жиIащ Губин Генадий спортсменыр къыщригъэблэгъэжым.
Апхуэдэу гуапэу къызэрырагъэблэгъэжам папщIэ Джэду Iэниуар игукIи и псэкIи фIыщIэ яхуищIащ Урысейм спортым дихьэхыу исхэм, езыр щалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.