Хэкурыс щIалэгъуалэм унагъуэ ящIынум махуэ къэс нэхъ гугъу мэхъур


Инна, Налшык Къалэ, Къэбэрдей Бэлъкъэр. 

Адыгэ щIалэгъуалэм нобэ я бзэр я хабзэр яIэщIоху жэуэ Iэджэ хужаIэми ахэм бзэми хабзэми щIагъуэ къыкIэрымыхуу гуныкъуэгъуэ яIэхэщ. Псалъэм папщIэ дызэупщIа щIалэгъуалэм къыджаIащи, адрей Адыгэ республикэхэм хуэду Къэбэрдей бэлъкъэрым щыпсэу щIалэгъуалэр япэрауэ Iуэху лэжьыгъэ зэрагъуэгъуэтынумкIэ гугъу йохь, куэдыр Москва хуэду, Петербург хуэду нэхъ къалэшхуэхэм лэжьапIэ жари макIуэхэр. Апхуэдэщ иджы Тыркум кIуэу щIадзахэри. 

Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къыгуэпх мыхъуну щытщ щIалэгъуалэр и зэман къэсым унагъуэ ящIыныр. Ари махуэ къэс иджы нэхъ гугъу мэхъур. Къэбэрдей Бэлъкъэрым унагъуэ зыщIыну щIалэгъуалэм нэхъыбэр абы егъэгупсысэ, экономи и лъэныкъуэкIэ щIыхуэшхуэ имыщIыу унагъуэ зыухуэфыр нэхъ мащIэщ. Унагъуэ Iуэхум теухуауэ Къэбэрдейм щыщ щIалэгъуалэм захуэдгъэзащ, икIи Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэпсэлъащ, Налшык къалэ щыпсэу Жыгуэ Инна, Инна Хэкурыс щIалэгъуалэм унагъуэ щащIынум деж щIалэми хъыджэбзыми Iуэху лэжьыгъэ яIэн хуейуэ щыт, е ар къафIэмыIуэхурэ? 

Жыгуэ Инна: Сэ а Iуэхум сызэреплъыр мыпхуэдущ, унагъуэ зэбгъэгъуэтынум псом япэрау фIыуэ узэрылъагъуу гухэлъ къабзэ узыхуиIэу ущытын хуещ. Зым жиIэм зыр едаIуэу, узэгурыIуэ узэдэIуэжу ущытын хуещ. ИтIанэ нобэрей махуэкIэ умыпсэууэ, ди япэкIэ уегупсысэн хуещ. Псоми ухуэхьэзыру, псоми уегупсысау ущытым нэхъыфIщ. Мыдрейуэ лэжьыгъэм теухуауэ жысIэнуращ, лэжьыгъэм зейкI ущышынэ хъунукъым. Иджырей зэманыр гугъу хъуащи лэжьыгъэншу упсэуфынукъым, лэжьыгъэ уиIэу упсэуфащэрэт. 

Хуитыныгъэ радио: ЗэгурыIуэу унагъуэ яухуа нэужь я гуащэ тхьэмадэ бгъэдэсхэр нэхъыбэ Хэкум деж, уэ дауэ узэреплъыр, псалъэм папщIэ уи щауэм и унагъуэ уахэсу упсэуну ухуей? 

Жыгуэ Инна: Унагъуэ хъуа иужь, сэ сызэреплъымкIэ гуащэ тхьэмадэ бгъэдэсыр нэхъыбэ мэхъур. Сэ сищхьэкIэ сыкъапщтэмэ, гуащэ тхьэмадэ сыбгъэдэсмэ нэхъ къасщтэнут, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхъыжь зимыIэм нэхъыщIи иIэкъым. Нэхъыжь здыщIэс Унагъуэр нэхъ Унагъуэ тэмэмщ. Хабзэ, намыс, гъэсэныгъэ щызекIуэу. Ахэр унагъуэм илъымэ къыпщIэхъуэ уи щIэблэр гъэсауэ къэхъунущ. 

Хуитыныгъэ радио: Зэрышэну зыгурыIуа хъыджэбзымрэ щIалэмрэ экономи илъэныкъуэкIэ сыт хуэдэхэра нэхъ зыгъэгупщысэр, нэхъапэ ирагъэщыр? 

Жыгуэ Инна: Зэрышэну зыгурыIуа щIалэмрэ хъыджэбзымрэ хьэгъуэлIыгъуэм зыхуагъэхьэзыр. Дауэ нэхъ дахэ, нэхъыфI хъуну пIэрэ жаIэри, нэхъ тэмэм зэрыхъунум яужь итхэщ. Иджырей зэманым хьэгъуэлIыгъуэм мыхьэнэшхуэ ират хъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, хьэгъуэлIыгъуэ екIу тхуэщIынукъым зэкIэ дыхуэхьэзырIым, жаIэри абы ипкъ иткIэ зэрымышэхэри ди куэдщ. Абы ихьыну ахъшэр зыхуахьэсыху ежьэхэу. 

ЩIыхуэ къащтэу хьэгъуэлIыгъуэр езгъэкIуэкIри нэхъыбэжщ. ИужькIэ илъэс зыбжанэкIэ щIыхуэр пшыныжын хуеуэ. Абы ипкъ иткIэ мыпхуэдыуи къыщыхъуи щыIэщ. Ди жагъэуэ зэрхъунщи щIыхуэр пшыныжын ямыухыу зыбгъэдэкIыжи къащыхэкI къохъу. Ауэ ар апхуэдутэкъым зэрыщытын хуер, зэрыхъум хуэдузырахузыфIэкIым хуэду, нэхъ егъэзырабгъуу зэфIагъэкIыу щытамэ нэхъыфт. Тхьэм псори зыгуригъаIуэхэ, насыпыфIэ дыдэ Тхьэм ищIхэ. 


Иужьырей илъэсхэм Тыркум щыIэ щIалэгъуалэмрэ Хэкурыс щIалэгъуалэмрэ нэхъ зыхэхьэну, зыкIэлъыкIэну йолэжьхэр, ар бзэм хабзэм къинэмыщIауэ, я Iуэху, я лэжьыгъэхэмкIи сэбэп хъуну мэгугъэхэр. 

Емуз Баязыт, Хуитыынгъэ радио, Тюркие