Табыщ: Адыгагъэм и нэщэнащхьэр адыгэбзэращ

Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ Табыщ Мурат

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ Табыщ Мурат зи пашэ гупым  илъэсрэ ныкъуэрэ ипэкIэ къызэригъэпэщащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зыфIаща «Адыгэбзэ хасэ». Абы и мыхьэнэм, ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм, адыгэбзэм и пщэдейм теухуауэ Табыщ Мурат Хуитыныгъэ Радиом къепсэлъащ.

Хуитыныгъэ Радио: Мурат, илъэсым щIигъуауэ  «Адыгэбзэ хасэм» лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр ирегъэкIуэкI, лъэпкъым и дежкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ауэ Хасэм и лэжьыгъэм дытепсэлъыхьыным  ипэ адыгэбзэм къыпэплъэм теухуауэ уи гупщысэхэмкIэ  укъыддэгуэшэну.

Табыщ Мурат: Гуныкъуэгъуэ диIэщ. Ди бзэр кIуэдыпIэм итщ жытIэми  зыгуэрхэм едгъэлейуэ ябж. Месри тхылъхэр къыдокIри, адыгэбзэр яджри жаIэнущ. Ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъу щытмэ дэ ди щIалэгъуалэр, ныбжьыщIэ къэтэджыр и гупщысэр зэригъэкIурэ адыгэбзэкIэ дэнэ утыкуи къыщыпсэлъэну къару иIэнукъым. ЩIимыIэр ямыгъэпсалъэу аракъым, щIимыIэр мыпсалъэфыну аращ. КъызыхэкIар гурыIуэгъуэщ. ЕджапIэхэм адыгэбзэкIэ ди сабийхэр щеджэкъым. Адыгэ унагъуэм адыгэбзэр илъу щытми и сабийр зыхуейм хуэзэн щхьэкIэ, мы дуней бзаджэм зы увыпIэ гуэр щигъуэтын щхьэкIэ щIэныгъэ, IэщIагъэ иIэн хуейщ жаIэри адыгэбзэм емыпхауэ дунейм узэрыхэкIыфын IэщIагъэ иратынущи адыгэбзэр абы щызекIуэкъым. Абы щхьэкIэ урысыбзэр е нэгъуэщIыбзэхэр япэ ирагъэщ.

Сыт хуэдиз бзэ пщIэми а бзэм хуэдизыбзэ цIыхур иуасэщ жаIэ пасарейхэм. АтIэ дэ ди цIыхухэм и кIуэцIкIэ иплъэжыфу и щхьэ пщIэ хуищIыжу, езыр зыщыщыр къыгурыIуэжу апхуэдэ гъэсэныгъэ бгъэдэлъкъым. Дэ дыфIэфIщ ди блэкIам дырипсалъэну, атIэ дэ щхьэ дыфIэмыфIын   хуэмейрэ дэ нобэ дыщымыIэжу щытмэ къытщIэхъуэну щIэблэм дэ щхьэкIэ мис мыпхуэдэ лIыгъэ яхэлът, мис мыпхуэдэу адыгэбзэкIэ псалъэу щыта  жаIэу къытхуэпсалъэну. БлэкIар блэкIащ, ар сыт щыгъуи дерс хэхыпIэу щытын хуейщ, ауэ дэ ди къэкIуэнуми дэ дерс хэхыпIэу, щапхъэу дыщымытмэ дэ дыщIэм мыхьэнэ имыIэу аращ. Мыр адыгэбзэм къесшалIэжынщи, цIыхум уащыхыхьэкIэ уэ зыгуэр уэуейуэ, зыгуэрым узэришалIэу  щытщи ар адыгагъэращ. Нэхъыжьым пщIэ хуэпщIу, нэхъыщIэр плъытэу жыхуаIэракъым, атIэ уэ узэрыадыгэращи абы и нэщэнащхьэр адыгэбзэращ.   

Адыгэбзэр апхуэдизымкIэ лъащIэншэщи къэптIми къыкIэщIэпхыфынущ, уеIэбыхыу щытми къыпхуэмыIэтынущи дэ къытщIэхъуэ щIалэгъуалэм адэ анэри кIуэцIырыплъэжу уасэ зыхуищIыжыну хуеймэ, мис  а уасэр адыгэбзэм и пщIэр щIалэгъуалэм бгъэдилъхьэн хуейщ. Абы щхьэкIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэри умыщхьэхуу бгъэкIуэтэн хуейщ.

Хуитыныгъэ Радио: Къызэвгъэпэща «Адыгэбзэ хасэм» Къэбэрдейм къыщымынэу Адыгейми, Шэрджэсми адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэр фызэдолажьэр. АтIэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр евгъэкIуэкIа нобэкIэ?

Табыщ: Си щхьэ сыкъыщытхъужыну сыхуейкъым, ауэ псыпэр куэду зэхэлъадэмэ псышхуэу щежьэри. Апхуэдэ акъылыр куэду зэхыхьэри зы Iуэхугъуэ утыку къытхьащ. Адыгэбзэ хасэм нобэкIэ сыт хузэфIэкIыр жыпIэу щытмэ, ар куэду жысIэфынукъым. Ауэ 10-11-нэ классхэм хэс сабийхэр зэхуэтшэсурэ губзыгъэхэмрэ Iущ цIыкIухэмрэ я гуп къызэдгъэпэщри зэпедгъэуащ. Абы пэмыщIыжу адыгэ театр сабийхэм щхьэкIэ къызэдгъэпэщащ.  Илъэсым тIо Къэбэрдейм и къуажэ зэхуэмыдэхэм зыкъагъэлъагъуэ.

Табыщ Мурат зэрыжиIэмкIэ «Адыгэбзэ хасэм» иригъэкIуэкI зэпеуэныгъэхэм увыпIэ къэзыхьахэм къыщымынэу псоми гулъытэ зэрыхуащIынум я ужь итхэщ. Япэ увыпIэр къэзыхьахэм II-нэ классыр къуаухыхукIэ ХьэтIохъущокъуэ Къэзий и цIэр зезыхьэ стипендиер хуагъэфэщэнущ. Адыгэбзэм адэкIэ  хуеджэну мурад зыщIхэми а стипендиер илъэскIэ иратынущ. «Адыгэбзэм и пщIэр зэлъытар егъэджакIуэращи сыт и лъэныкъуэкIи гулъытэ зэрыхуэтщIыным дыпылъынущ», – жиIащ Табыщ Мурат.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск