Махуэ зыбжанэм Iуащхьэмахуэ лъапэ цIыху мин бжыгъэхэр щызэблэкIащ


Иужьрей зыгъэпсэхугъуэ махуищым Iуащхьэмахуэ лъапэ и Азау хуейм цIыху Iув щыIащ. КъызэрабжамкIэ, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIа лъэхъэнэмрэ абы хуэза зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэ къриубыдэу зи нэгу зезыгъэужьа туристхэр мини 7-м щIегъу. 

Къэгъэлъэгъуапхъэщ илъэсыщIэр къызэрыунэхурэ сноубордым, къурш лыжэм дихьэххэм, зи нэгу зезыгъэужьхэм я бжыгъэм зэрыкIэрымыхур. Уеблэмэ языныкъуэхэр а зэманым къриубыдэу къытрагъэзэжу етIуанэу къэкIуэну хунэсат. 

Иджыпсту Iуащхьэмахуэ курортым зыщагъэпсэхун папщIэ цIыху нэхъыбэ дыдэ къыздикIхэм ящыщщ Москва, Санкт-Петербург къалэхэр, Урысейм и кум хиубыдэ щIыналъэхэр, Краснодар, Ставрополь крайхэр, ди гъунэгъу республикэхэр. КъызэрыджаIамкIэ, иджыри мэлыжьыхьым и кум нэсыху хьэщIэщхэр зэпэубыдауэ щытынущ. 

«Iуащхьэмахуэ» курорт» ОАО-м и пресс-IуэхущIапIэ Адыгэ Псалъэ