Кайсери Кавказ Хасэм иджэпсалъэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм фэгъэхьыгъэу


2015 гъ.августыми 8 махуэм Анкара къалэм Каффедым хэт хасащхьэхэм язэхуэс щекIуэкIащ, ДАХ-ым (Дунейпсо Адыгэ Хасэм) и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ абы игъуса гупымрэ яхэту.

Зэхуэсыр зытеухуамрэ абы къыщапсэлъахэмрэ ятеухуауэ ДАХ-ым и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий 2015 гъ.августым и 26-м«Кабардино-Балкарская Правда» газэтым интервью иритащ(http://kbpravda.ru/node/7074).

Зигугъу тщIы псэлъэкIэм хэтщ «зэхуэсым и япэрей пычыгъуэр пщтырыу блэкIауэ, щIалэхэм пхъашэу упщIэ къатауэ». АдэкIэ, ДАХ-ым иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмрэ декларациехэмрэ Тыркум щыпсэуадыгэхэм пхэнжу къазрыгурыIуар жиIа иужькIэ, къыпещэжыр «ди лъэпкъэгъу щIалэхэм «къытхуэвгъэгъу» жари къыджаIащ, информациер пхэнжу къытлъэIэсырт»(!) жиIэурэ.

Мы зэхуэсым теухуауэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIэжа псалъэхэр зэблэшам къыщымынэу зыкIи пежкъым.

ДАХ-ым игупыр тепсэлъыхьахэщ, кIэщIу жытIэмэ,ахэр хасащхьэу щытета зэманым:

Сирие икIыу Хэкум зыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм елъыта лэжьыгъэ зэрырагъэкIуэкIам;

ФокIадэм и 20-нэ махуэр Дунейпсо Адыгэ Махуэу зэрырагъэгъувам икIи мыр «езыхэмкIэ Iуэху нэхъыщхьэуэ(!)» зэрыщытым;

Сашэ Олимп джэгукIэхэм «инэхъыбэм зэращIэм, зэрыщыгъуазэм хуэмыдэу адыгэхэм фIы къазэрыхуихьам», Олимп джэгукIэхэр екIуэкIыхукIэ адыгэ лъэпкъыр фIыдыдэу къызэрыщагъэлъэгъуам;

Зы алфавит теувэн Iуэхум теухуауэ иджыри лэжьыгъэ зырырагъэкIуэкIым.

Мы зэпсэлъэныгъэхэм къыкIэлъыкIуэу «къытхуэвгъэгъу» жытIауэ зыхуагъэфащэ дэ, шэч хэмылъу, мыхуэдэ упщIэхэмрэ критикхэмрэ утыку къитлъхьащ икIи дыщIэупщIащ:

ДАХ-ым 2000 гъэ пщIондэ адыгэхэм я пщэдейм елъытауэ лэжьыгъэшхуэхэр и статусым тету иригъэкIуэкIарэ пэт, 2000 нэужым езы организацием икъежьэгъуэм, ягъувауэ щыта мурадхэми принципхэми емызэгъ лъэжыгъэхэмрэ псэлъэкIэхэмрэ утыку къызэрыралъхьар жытIэурэ, мыхуэдэхэр зэрагъэкIуатэм и щхьэусыгъуэм;
«ДАХ-ымрэ абы епха хасэхэмрэ псори Урыс Федерацием и Iэпэгъущ»(!) жыIэкIэм ДАХ-ым къыригъэкIымрэ мыр щыжаIам ягу илъамрэ;
«Интернетым щызекIуэ этноцентрик идеологиехэм щIэныгъэкIэ пэщIэувэн» щхьэусыгъуэкIэ ДАХ-ыр УФ-м ахъшэкIэ зэрелъэIуам, адыгэ лъэпкъымрэ абы и къэкIуэнумрэ мы грантым къыхуихьыну фIыр зиIисым, мы лъэжьыгъэм хэхэс адыгэхэм ялъэныкъуэкIэ къыщигъэтэджа гурыщхъуэр IэщIыб зэращIым ищхьэусыгъуэм;
ДАХ-ым къищтэ унафэхэмрэ декларацэхэмрэ зэры-ДАХ псоуэ Iэ къэIэткIэ къызэращтэн хуейр жаIарэ пэт, Каффедым имыщIэххэу икIи хэмыпсэлъыхьыу къащта унафэхэр ягу къэдгъэкIыжурэ ДАХ-ым и хабзэм темыхуэу, наIуэу щымыт лэжьыгъэхэм ящхьэусыгъуэр зиIисым;
Адыгэ Лъапсэрыхымрэ, Хэку Ихунымрэ, Хэкум гъэзэжыныр, Сирие никIыжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхур, пэмыщI мыхуэдэ проблемэхэр къытпыщытрэ пэт, «Адыгэ лъэпкъым и гуфIэгъуэ махуэ» зицIэр къызэрагупщысам и щхьэусыгъуэмрэ мы махуэм къыпахыну ягугъэр зиIисымрэ;
Адыгэ Лъапсэрыхымрэ Хэку Ихунымрэ нэгъуэщI къэралыгъуэхэм къегъэщтэн щхьэкIэ нэгъуэщI гупхэм къагъэхъея Iуэхухэм елъытауэ ДАХ-ым цивил хасэ щытыкIэм текIыу къэрал къулыкъущIапIэ теплъэр зытригъауэу зэрыпсалъэм и щхьэусыгъуэм;
«Дибзэр УФ-м ехъумэ» хуэдэ псалъэхэр увыIэгъуэ имыIэу жызыIэ ДАХ-м Хэкум анэдэлъхубзэ джыныр ухэдэ хъууэ зэрыщащIам теухуауэ зыщIиущэхуам ищхьэусыгъуэм, УФ-м мы ищIыкIэм «Адыгэбзэр хъума зырыхъуным зыкIэ зырыщхьэмыпэр, нэхъыкIэжыу, анэдэлъхубзэр хъумэным зэран зэрыхуэхъур» наIуэу щытрэ пэт, мыхэм зырыпэщIэмыувам и щхьэусыгъуэм.


Мы зигугъу тщIахэмрэ нэгъуэщI упщIэхэмрэ критикхэмрэ,ахэм елъыта ди гупщысэхэмрэ 2014-м и август мазэм тхыгъэу къэттауэ щытащ:http://www.kayserikafder.org.tr/?s=deklerasyon.Ауэ мы упщIэхэм ДАХ гупым щыщу зыми жэуап къыритыжакъым. Аращи, ДАХ-ым и тхьэмадэм зырыжиIам хуэмыдэу, ди упщIэхэр мыхьэнэншэу къэнакъым, “жэуапыншэу къэнащ”.

ДАХ-ым и тхьэмадэм жиIа и псалъэр – «мыр нэрылъагъу хъуа иужькIэ ди лъэпкъэгъу щIалэхэм “къытхуэвгъэгъу” жари къыджаIащ»(!)– наIуэу икIи къытедгъэзыжурэ зэрыпцIыр жыдоIэр.

ДАХ гупым «упщIэ бзаджэу» къащыхъуа мы упщIэхэр икIэм икIэжу езыхэм жаIахэмрэ ящIахэмрэ къыдгурагъэIуэным хуэунэтIакъудейт. Мы «щытыкIэмрэ» мы «къэхъуа-къэщIахэм къагъэхъея гузэвэгъуэхэмрэ псалъэмакъхэмрэ» узыхущIегъуэж хъун щIыкIеягъэкъым. Мыбы къыхэкIыу зигугъу тщIа «ди лъэпкъэгъу щIалэ» псалъэкIэ зигугъу ящIа дэ “къытхуэвгъэгъу” жытIэу зыми яжетIакъым.

Дэ дызхапIыкIа щэнхабзэм нэрыбгэ къэс къыттрилъхьэ лъэпкъ гулъытэныгъэмрэ пщэрылъхэмрэ дызэрыщыгъуазэщи, пхэнжу, игъуэджэу гу зылъыттэ псори дяпэкIи ину жытIэнущ, яужьи дитынущ. ДАХ-ыр иджыри Aдыгэхэм я гукъеуэхэр IэщIыб зыщI изекIуэкIэхэмрэ и лэжьыгъэхэмрэ зыхимныжу щытмэ, ДАХ-ым изэхэтыкIэмрэ илэжьэкIэмрэ дицIыхухэм гу лъатэхукIэ мы ди щытыкIэдыдэм дытетынущ.

Кайсери Кавказ Хасэ

Хасащхьэ Гуп