Хуитыныгъэ радио: Нью-Джерси адыгэхэм я зэхуэс щекIуэкIащ


ФокIадэм и I2 США, Нью-Джерси штатым адыгэхэм я зэхуэс екIуэкIащ. А зэхуэсыр Хасэ Америкэм щыIэм хабзэ хуэхъуауэ илъэс къэс фокIадэ мазэм ирагъэкIуэкI. Абы къакIуэхэр Америкэм щыпсэу адыгэхэм фIэкIа мыхъуу, Канадэ, Мексикэ къэралхэми къикIыу адыгэхэр къокIуэ. 

Америкэм щыпсэу адыгэхэм я бжыгъэр зэрыхъур минипщIым нос, Канадэм щыIэхэр миным нос, Мексикэм щыIэхэр щитI-щищ мэхъу. Адыгэ нэхъыбэ дыдэр зыдэсыр Америкэм Нью-Джерси штатыращ. Ахэр америкэ цIыхухэм пщIэ къыхуащIу абы дэсщ. Псалъэм папщIэкIэ, Уэйн къалэ Адыгэ Хасэм и унэр здэщыIэм, илъэс кIуам илъэс I50 Урыс-Кавказ зауэр щырикъуам, адыгэхэм и Iыхьэшхуэ Урысейм I9 лIэщIыгъуэм зэригъэкIуэдар ираIуащ. 

Зэхуэсыр езыгъэкIуэкIыр Нью-Джерси щыIэ Адыгэ Хасэращ. Абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр адыгэ хабзэр адэкIи яфIэмыкIуэду Америкэ, Канадэ, Мексикэ хуэдэ къэралхэм щыIэ адыгэхэр зэрыцIыхуу адэкIи зэрыщIэн папщIэкIэ. Адыгэ махуэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом Америкэ Адыгэ Хасэм щыщ Емыш Жантий зыхуигъэзащ: 

- Япэм Америкэм хасищ диIэу щытащ. I995 Хасищри зы хъужащ. Зы унэ диIэ хъуащ, Хасэр IыхьитI хъууэ: зыр культурэм, хабзэм теухуауэ, мыдрейр диным теухуауэ. 200I гъэхэм Хасэм щыщ Якъуб Фэрид зы гупсысэ къыхилъхьащ, адыгэ псоми я махуэ тщIыну, псори дызэгъусэу. Дэ зэхуэс тщIыну дыхуейт, псори дызэдэшхэу, дыкъызэдэфэу. Псори дызэдэгуфIэу, дызэдэгушхуэу зы дыхъуну. Абы лъандэрэ илъэсипщI хъуащ. ИпэкIэ зэхуэсыр шыщхьэIу мазэм екIуэкIыу щытащ, иужькIэ ар фокIадэм къэтхьыжащ. Илъэс къэс зэхуэсым цIыху мин-минитI къокIуэ. Сэ куэдрэ си нэгу щIэкIащ мы зэхуэсыр. Абы адыгэ лъэныкъуэ куэд къикIыу къызэхуос. Зэхуэсым сабийхэм я нэгу зыдогъэужь, зэхьэзехуэхэр къафэмкIэ, уэрэджыIэнымкIэ, нэгъуэщIхэмкIи худогъэкIуэкI. Нэхъыжьхэм щхьэкIи джэгу дощI, Iэнэхэр догъэув, ахэр абдеж зыдоуэршэр, зыроцIыху. Аращ мы махуэм и мыхьэнэри. 

Мы илъэсым зэхуэс екIуэкIам Германием щыщ адыги кърихьэлIащ. Ар Норимберг щыпсэу, Германие Адыгэ Хасэм щыщхэращ. Канадэм щIэуэ ящIа Circassian Repatriation Organization гупым щыщхэри къэкIуащ. 

Германие Адыгэ Хасэм Барасбий Феди псалъэ жиIащ икIи абы Германием адыгэхэм я хабзэхэр ямыгъэкIуэдыным папщIэкIэ ящIэхэм тепсэлъыхьащ, сурэтхэр игъэлъэгъуащ. Канадэ Адыгэ Хасэм щыщ Орфан Сташ щIэуэ ящIа зэгухьэныгъэм и мурадхэр къыжиIащ, сыт хуэдэ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIыфами игъэлъэгъуащ. 

АдэкIэ Америкэ хасэм щыщ Гюлнарэ Муса абыхэми Iэмал гуэрхэр Сирием къикIыж адыгэхэм зэрыдэIэпыкъуфын къызэригъуэтащ ириIуащ. 

Зэхуэсым цIыху куэд зэхуишэсащ. Ар адыгэ джэгукIэ ирагъэухащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан