Сирием къикIыж адыгэхэм дэIэпыкъу «Жьэгу» зэгухьэныгъэ зрагъэпэща


Къэбэрдей-Балъкъэрым къэрал хабзэм тету зэгухьэныгъэ «Жьэгу» зыфIащар зрагъэпэщащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэу щытыр Сирием къикIыж адыгэхэр дэIэпыкъунырщ. 

А гупыр зэзыгъэпэщар «Сирием къикIыжа адыгэхэм дэIэпыкъунымкIэ» социальнэ сеть «Фейсбук»ымрэ «Контакт»ымрэ гупыр зэзыгъэпэща Жэмыхъуэ Заур, Къарэ Ратмир, Борэ Аскер, Ефэнды-Багърэт Ольга сымэ. Абыхэм мы Iуэхугъуэм хащIыкI хъуащ мы илъэсхэм. Илъэсищ хъуауэ ахэр Сирием къикIыж адыгэхэм сэпэб сыт лъэныкъуэкIи хуэхъуну хэтщ, Iэмал зэмылIэужьыхъуэхэ къахъуэт. Iэмал зэрыдэIэпыкъуфынухэр цIыхухэр зэхуахьэс. ЦIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ псори гупым щыщхэм къащэхури хуашэ. Апхуэдэурэ гупыр къэрал хабзэм тету тхылъымпIэкIэ зрагъэпэщыну мырад ящIащ. А IуэхугъуэмкIэ гупыр зэзыгъэпэщыхэм ящыщ Ефэнды-Багърэт Ольгэ Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ: 

- Илъищ ипэкIэ дэ Урысейм къэкIуэжа адыгэхэм зэрыдэIэпыкъун гуп elot.ru сайтым сытщIащ. Ар щызэхуащIам дэ фейсбукым гупыр щытщIащ. ИлъэситI хъуауэ а гупыр фейсбукымрэ контактымрэ щыдэгъэлажьэ. ГупитIми къитлъхьэхэр зыщ, дызытепсэлъыхьыр зыщ. Дэ счет къызэIутхауэ дэтхэнэ зы дэIэпыкъуну зигу илъри абы Iэмал гуэр къытралъхьэ хъунущ. УпщIэ гуэрхэр къыкъокI зэфIэдгъэкIын хуейуэ, псалъэм папщIэкIэ, хущхъуэ хуеймэ, е шхын хуеймэ, е зи закъуэ лIыжь-фызыжьхэм дэIэпыкъун хуеймэ, сабий зиIэ унагъуэхэм дэIэпыкъун хуеймэ, хэхъуэ зиIэхэм, абыхэм тыдогъэкIуадэ счетым Iэмал къытралъхьэхэр. Ди гупыр цIыху зыбжанэ дохъу, аращи зэ зым къыхатх, е къыхуащI. Хэти унэм щIэбгъуэувэ хъун Iэмэпсымэ къашэ, шхынгъуэхэр, сыт нэхъ зыхуейми къытщIоупщIэри, абы тезыщIыхьи яхэтщ. ШыщхьэIу мазэм икIэм щIэуэ иджы ауэ къызэрыгуэкIыу щымыту, атIэ къэрал хабзэм тету зэгухьэныгъэ «Жьэгу» зыфIэтщар зэдгъэтэщащ. Куэд щауэ дыщIэгупсыст абы. Къарэ Ратмир а гупсысэр къытхилъхьащ. Абы мы мазэхэм иужь дитащ. Ар 

къызэрыдэхъулIамкIэ фIы куэд хэтщ. Псалъэм папщIэкIэ, Iэтащхьэхэм я цIэкIэ щытхкIэ иджы гупу тхылъыпIэкIи дыщытщ. Абы нэхъ гулъытэ къыдригъэтынущ. Абы нэмыщIкIэ иджы ди гупым Iэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр иригъэкIуэкI хъунущ, ар концерт, зэхуэс ирехъу. Иджы Iэмал гуэрхэри гупым къихьыфынущ, псалъэм щхьэкIэ и уасэр щIамыту бзэр зызагъэгъэщIэн папщIэкIэ. Сыту жыпIэмэ, мыпхуэдэу цIыхум нэхъыбэ хузэфIэкIыу мэхъу. 

Зэгухьэныгъэм и цIэкIэ Сирием щыIэ адыгэхэм тхылъымпIэ къэралым къихьэжыну щызыхураджэ ирагъэхьынущ Хэкум къихьэщыну хуейхэм, къэкIуа нэужь тхылъымпIэхэмкIэ дэIэпыкъунущ Урысейм къэнэн папщIэкIэ, зэрыпсэун лъэныкъуэхэмкIи теухуауи. А псор езыхэм зэфIагъэкIыну икъукIэ гугъущ. Урысейми нэхъ гугъу ящI укъызэрихьэж хъу Iэмалхэр. Ахэр благъэ-Iыхьлы Сирием къинэжауэ зиIэхэм жаIэж. Аращи, дэIэпыкъуныр Iэмэлыншэщ. 

ИпэкIэ а Iуэхухэр зыфIэзыгъэкIыу щытар «Пэрыт» зэгухьэныгъэращ. 20I4 гъэм ипэм абы зызэхуищIын хуей хъуащ. Абы и лэжьыгъэр «Жьэгу» зэгухьэныгъэм пещэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжа адыгэхэм я бжыгъэр I200 мэхъу. 

НэгъуэщI адыгэ я Хэку ихьэжхэм дэIэпыкъу зэгухьэныгъэр Канадэм щыIэщ (Circassian Repatriation Organization). Ар илъэс кIуам и гъэмахуэм зрагъэпэщауэ щытащ. 

Канадэм адыгэхэм дэIэпыкъу зэгухьэныгъэм Хэкум ихьэжа адыгэхэм я Iуэху лэжьыгъэкIэ къызэIузыхыну хуейхэм дэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр жиIащ. Абыхэм Iуэху къызэIуахыну хуейм тетхыхьу интернеткIэ зэгухьэныгъэм IущIэн хуейщ. Проектым цIэ иIэн хуейщ, абы и щIысыр итын хуейщ, сыт хуэдиз Iэмал текIуэдэнуми, илъэс къэс дапщэ хьэлъхьэн хуейми, сыт хуэдэ сэбэп къихьынуми итын хуейщ. Проектыр зэгухьэныгъэр зэрылажьэ бзитхум язкIэ щытын хуейщ – адыгэбзэкIэ, инджылыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ е хьэрыпыбзэкIэ. Ар зэгухьэныгъэм хуегъэхьын хуейщ (info@circassianrepatriation.com). 

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан