Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щохьэщIэ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр

Япэ интервью. Журналист Къумахуэ Аслъэн и упщIэхэр 

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щохьэщIэ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу цIыхуи 120-м нэблагъэ. 

Ахэр зэрыса кхъухьлъатэр Амман къилъэтыкIри мэрем кIуам Налшык и аэропортым къыщетIысэхащ. «ЗекIуэм» хэтхэм гъуэгуанэ тхылъхэр яхузэгъэпэщынымкIэ ядэIэпыкъуащ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и унафэщI Къардэн Самиррэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, нэгъуэщIхэри. 

Инэхъыбэр Кавказым япэу къихьэу аращ. Абыхэм я мурадыр зыхуэкIуэжыр я адэжьхэр зэрыса Хэкужьым зыщаплъыхьу «ижь зыщIрагъэхунырщ», ди щыIэкIэ-псэукIэм зыхагъэгъуэзэнырщ, апхуэдэ щIыкIэкIи я нэгу зыщрагъэужьынырщ. 

ХьэщIэхэм зи ныбжь хэкIуэтахэр куэду яхэтщ. Ахэр псори дыгъуасэ Шэджэм псыкъелъэхэм щыIащ, абы ипэ махуэм Хыжьей ЩхъуантIэхэр зрагъэлъэгъуащ, нобэ Iуащхьэмахуэ лъапэкIэ яунэтIащ. Къахуэнэжа махуитIым Налшык къалэ зыщаплъыхьыну я мурадщ. Бадзэуэгъуэм и 22-м Амман лъэтэжынухэщ. 

Ди лъэпкъэгъухэр Хэкужьым езыхэм я хьэрычэткIэ къакIуэ зэрыхъуар телъыджэщ. ИкIи абы теухуауэ япэу жэрдэм къыхэзылъхьар КъБКъУ-м и студенту щыта, Иорданием щыпсэу Бырсхэ Маруанщ. Зи гугъу тщIы Iуэхур зэрызэфIыхьамкIэ абырэ Архъагъэхэ Мухьэмэдрэ Маруэрэ я фIыщIэшхуэ хэлъщ. КъыздэкIуам хьэщIэхэр зыхуей хуэгъэзэн, щIыпIэ дахэхэм къыщешэкIын IуэхухэмкIэ къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэр зэщхьэгъусэхэу Жамырзэхэ Феликсрэ Ирадэрэщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. 
adyghepsale.ru


ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ