КIуэкIуэ Юрийрэ Кадыров Рамзанрэ Налшык щызэхуэзащ


Лэжьыгъэ IуэхукIэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэхуэзэри зэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзанрэ. 

Абыхэм къыхагъэщхьэхукIащ зэгъунэгъу щIыналъитIым яку зэкъуэшыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэрыдэлъыр, ахэр экономикэм, егъэджэныгъэм, медицинэм, спортым, щэнхабзэм я IэнатIэхэм зэрыщызэдэлажьэм нэхъри зегъэужьын зэрыхуейр. Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ шынагъуэншагъэ къызэгъэпэщыным, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэщIэтыным пыщIа Iуэхухэр. 

КIуэкIуэ Юрий хьэщIэм ехъуэхъуащ 2016 гъэм фокIадэм и 18-м екIуэкIа хэхыныгъэхэм ар нэрылъагъуу зэрыщытекIуамкIэ икIи щIыналъэм и унафэщIу аргуэру зэрыхахыжамкIэ. Апхуэдэ текIуэныгъэм къегъэлъагъуэ иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу Шэшэн Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр тэмэ-му зэрекIуэкIар. 

Ди республикэм щыщыIа зэманым къриубыдэу Кадыров Рамзан Налшык къалэм Кадыров Ахъмэт хьэжым и цIэр зэрихьэу щыIэ уэрамым еплъащ, апхуэдэу Шэшэн Республикэм и япэ Президент, Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-хьэжымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президент КIуэкIуэ Валерийрэ я фэеплъу зэзауэ зэхэт спортымкIэ Налшык щрагъэкIуэкI Кавказ чемпионатыр къыщызэIуахым хэтащ. 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ 

Адыгэ Псалъэ