Урысейм хэIущIыIу ищIащ и къэралым иримышэну ерыскъыхэкIхэр


Урысейм къызэтригъэувыIащ Европэ Зэкъуэтым, Зэгуэт Штатхэм, Австралием, Канадэм, Норвегием былымылыр, кхъуэлыр, джэдылыр, кхъуеймрэ гъэшымрэ кърашыныр. Махуэкум хьукумэтым и зэIущIэр къыщызэIуихым , ар жиIащ Урысей премьер-министр Медведев Дмитрий.

А пыбзыкIыныгъэхэр илъэс пIалъэкIэ  къагъэщI президентым шыщхьэIум и 7-м къихьа унафэм ипкъ иту. ЕрыскъыхэкIхэм тралъхьа эмбаргор янэскъым сабий шхыныгъуэхэм. 

Мэзкуум апхуэдэ унафэ къихьащ Украинэм епхауэ Зэгуэт Штатхэми,  Европэми Зэкъуэтми Урысейм санкцэхэр къытралъхьа нэужь.
Урысейм къищтэн имыдэ ерыскъыхэкIхэм я дэфтэрыр хьукумэтым и сайтым къытрадзащ.

Хуитыныгъэ Радио