Урысей паспортым лъэпкъыцIэхэр иратхэу ящIыжын хуейуэ къелъытэр сенаторым

Къэрал Думэм халъхьащ хабзэ проект, Урысейм и цIыхухэр хуит ищIу я паспортым лъэпкъ къызыхэкIар къыщагъэлъэгъуэну.

Ар зи жэрдэмыр Федерацэ Хасэшхуэм щыщ сенатор Иванова Жаннэщ. "Регнум" хъыбарыбэ Iэмалым зэритхымкIэ, абыкIэ мыарэзыхэр куэд мэхъу, икIи гугъу хъунущ мы хабзэр къащтэным нэбгъэсыну. "Официал къулыкъущIэ гуэрхэмрэ экспертхэмрэ щIэх дыдэу жаIащ а хабзэм къэралыр хуэмейуэ, икIи Совет къэралыгъуэ блэкIам и лъэужь мыхьэнэншэу" - жеIэри етх "Регнумым".

НэгъуэщI къулыкъущIэхэми къалъытэр лъэпкъ цIыкIухэм я культурэмрэ я блэкIамрэ яхъумэфын щхьэкIэ мыпхуэдэ хабзэр сэрэпышхуэу.

Совет къэралыгъуэр щыIэхукIэ, абы и паспортхэм иту щытащ лъэпкъ цIыхур зыщыщыр. Ауэ ар зэрыщащэжам и щхьэусыгъуэхэм щыщу къалъытэр лъэпкъ зыгурымыIуэныгъэри, икIи абы къыхэкIкIэ лъэпкъхэр политикэм зыкIи емыпхауэ Урысей Федерацэм щашэщIащ, икIи лъэпкъ псори зэхуэдэу, псори зэщхьу Урысейм и цIыхуу ящIын щхьэкIэ лъэпкъыр паспортым итын хуэмейуэ унафэ къащтау щытащ.

Лъэпкъ цIыкIухэм ящыщхэм куэдым къалъытэр лъэпкъыр паспортым зэрырамытхэр лъэпкъгъэкIуэд Iэмалыгъуэу, лъэпкъ цIыкIухэр урыс лъэпкъым хагъэшыпсыхьыну хэту. Абы къыхэкIкIэ Хуитыныгъэ радиор щIэупщIащ арыхэ цIыхухэр абы зэреплъым. Псалъэм папщIэ Шэджэм щыщ бэлъкъэр щIалэ Энеев Магомед жиIэр мыращ:

"Лъэпкъ дызыщыщыр ди къэрал паспортхэм зэримытым дыхуишэнкIэ хъунущ, зэман дэкIым лъэпкъхэр псори зыхэшыпсыхьу псори зэщхь дыхъужыным. Апхуэдэу хъууэ щытым лъэпкъ псоми я культурэхэр кIуэдынущ, ди махуэшхуэхэри, ди хабзэхэри, ди бзэхэри, мы гъащIэм адрейхэм дыкъызэрыщхьэщыкIыу диIэр псори тфIэкIуэдынущ. ЦIыхухэм ящIэжынукъым ахэр зиIысыр сытми, я блэкIэр дэпхуэдэми. Ауэ дефтерхэм лъэпкъ дызыщыщыр къыхэщу щытым, цIыхухэри лъэпкъхэри нэхъыбэрэ хъума хъунущ, нэхъ хущIэкъунущ я культурэр, я хабзэр, я бзыпхъэр яIыгъыну. Сэ сфIэтэмэмкъым цIыхухэм езыхэм зэрыхуейм хуэдэу лъэпкъ зыщыщыр къыщагъэлъагъуэм. СызэригугъуэмкIэ, пэж дыдэу цIыхур къызыхэкIа лъэпкъым щыщу тхын хуейщ. ЦIыхум езым къыхихын хуейкъым лъэпкъ зыщыщу щытыныр, ар сэ сфIэтэмэмкъым".

***

Налшык щыщ Цагъэ Азэмэт къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъэм я лъэпкъыцIэр зырахьэж щхьэкIэ Урысейр щащэнукъым, лъэпкъхэм ехьэлIауэ политикэ тэмэм иригъэкIуэкIыу щытым:

"Пэж дыдэри арат, тэмэмри аратэм уей. Лъэпкъыр зы дыхъужын щхьэкIэ, зыри мыхъуми, апхуэдэ зыгуэркIэ щIэддзэн хуейщ. Адыгэр адыгэу къэнэжын хуейщ. Мы къэрал дызэрысым псори урысу фIэкI ибжкъым. Апхуэдэурэ псори дыхэзэрыхьыжыпэнущ псори. Уи цIэр уи цIэу, лъэпкъ укъызыхэкIам и цIэр и цIэу къэнэжым ар нэхъыфIу аращ, ауэ Урысей Федерацэм ухэту иджыпсту ущыпсэукIэ сэбэп къыпхуэхъуу, лъэпкъхэр зыхуей хуигъазэу, къиIэтыфу, игъэпсэуу щытым, уей ар лъэпкъ зыбгырыжыжи мыхъуну, къэрал къути мыхъуну. Тэмэму екIуэкIыну къысщохъу".

***

Урысей хабзэм къызэригъувымкIэ, нэрыбгэм хуитыныгъэ иIэщ езым зыхуей лъэпкъым зыхибжэну, икIи езым жиIэр аращ и лъэпкъу щытыр. Апхуэдэу, 2002 гъэм цIыхубэ щIэплъыкIыныгъэ щырагъэкIуэкIым, лъэпкъхэр къыщапщытэм къыщIэщащ мин бжыгъэкIэ хоббит, е эльф Урысейм ису. Ар я лъэпкъу жаIэти, хабзэ къекIуэкIым къызэригъувым хуэдэу щIэплъыкIыныгъэм щатхау щытащ. ИужькIэ, 20I0 гъэм щIэплъыкIыныгъэр щекIуэкIым, апхуэдэ къэмыхъун щхьэкIэ лъэпкъу зызыхэбыбжэ хъунухэр къетхыхау яIэу щытащ, абыхэм къыхэпхын хуейуэ.

Иджыри зы гумэщIэгъуэ пыщIа мэхъу мы хабзэм. ЦIыхум и адэр зы лъэпкъым, и анэр нэгъуэщI лъэпкъым, ар зэратхыныр къыхэхын хуей мэхъу, икIи цIыхур бэлигъ хъуа нэужь ар ихъуэжыныри зы Iуэхущ. Апхуэдэу, лъэпкъ зыхэпщауэ къэхъуа Русия Екатеринэ жиIэр мыращ:

"Къапщтэмэ, сэ сырителъхьэкъым абы теухуауэ зыгуэр яхъуэжыну. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, тэмэмкъым щхьэж езым зы лъэпкъ гуэру зыкъилъытэжу зитхыжыну. Урысейм ущыпсэуу щытым урысу щырети аращ. УкъызыхэкIа лъэпкъхэм иджыпстурей махуэм апхуэдэу мыхьэнэшхуэ иIэжу щыткъым. Сэ, псалъэм папщIэ, лъэпкъ куэд зыхэпщау сыкъэхъуащ. "Куэд зыхэпщащ" - жысIэу стхын хуейуэ ара? Сыт къыщIезбжэкIын хуейр а къомыр? Апхуэдэу ди лъабжьэр къэттIэщIу щIэддзэм, Iэджэ къытхуэгъуэтынущ. Аращи, уздыщыщ псор птхыну нобэрей махуэм мыхьэнэ имыIэу къызолъытэр. Мыхьэнэ зиIэр къэрал уздыщыщыр аращ. Сэ, псалъэм папщIэ, си анэр журт, си адэр курджыщ. Журтхэм я лъэпкъыр анэкIэ ят, курджыхэм адэкIэ ят. Иджы дэтхэнэр ара сыздыщыщу стхын хуейр? ТеплъэкIэ курджым сырещхьщ, икIи куэдым аращ сыкъызэралъытэр. Си унэцIэри курджы унэцIэщ. Иджы мы хабзэщIэмкIэ курджыуэ сатхыну хъунт, ауэ сэ урысу зыкъызолъытэж. Сэ сыфIэфI хъунутыкъэм иджы курджыуэ, е журту сатхахтэм. Сэ къызэупщIатэм, нэхъ сыфIэфI хъунут урысу сатхам".

***
Совет къэралыгъуэр къутэжа нэужь, къухьэпIэ къэралхэмкIэ нэхъ къыщагъэсэрэп бгъэдыхьэкIэр Урысейм щашэщIыну яужь ихьащ - "къэрал узэрысыр уи лъэпкъщ", "нация хъужыр къэрал узыщыщыр аращ" - жаIэу. Апхуэдэ еплъыкIэ национализм упщIэм къэунэхуащ I8 лIэщIыгъуэм Францымрэ Германиемрэ деж. Иджыпсту а бгъэдыхьэкIэр аращ Европэми Америкэ Штат Зыкъуэтыми къыщагъэсэрэпыр. Ауэ Урысейм лъэпкъ республикэхэр щыIэщ, икIи лъэпкъ здыщыщымрэ къэрал здыщыпсэумрэ зытехуэкъым. "Россиянин" жаIэу зы цIэкIэ лъэпкъыцIэхэр зырахъуэкIын хуейуэ псалъэмакъхэри къежьау щытащ, ауэ абы ехъулIэныгъэ иIакъым.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио 
Бэрокъуэ Артур