Жэмбей Сейдан. Лъэпкъ лъэжьакIуэ, Къамшыкъ къуажэ, Тыркум Мараш къалэ.
Тыркум ис Адыгэ щIалэгъуалэм текногиер къагъэсэбэпурэ я хэку, я хабзэ зэрагъэщIэжыну хэтхэщ. Ауэ ахэм я анэдэлъхубзэ зыIурылъыр зы мащIэдыдэщ.
Нобэ Тыркум щыIэ Адыгэ щIалэгъуалэм я зэхущытыкIэ итIанэ я къэкIуэнум теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, Адыгэ лъэпкъ лэжьакIуэ Жэмбей Сейдан.
Жэмбей Сейдан: “Ди адэхэм, бзэмрэ хабзэмрэ нэхъ къызыфIэIуэхухэм я бынхэм иджыпсту уеплъымэ ахэм бзэри хабзэри нэхъ яIыгъыу къохъухэр. ‘ЩIым сыт хэплъхьэми ар къытепхыжынщ’ жаIэ, абы хуэдэщ, дэри мис адэ анэ дыхъуахэщ. Адыгэжьым, ‘Унэм зыщыгъаси хасэм хэхьэ’ жеIэр. Анэ адэм ямыгъэсэфар еджапIэми сытыми ягъэсэфынукъым.
Адыгэр Тыркум дыкъызэрихьэрэ апхуэдиз илъэс хъуащи, мес бзэри хабзэри дгъэкIуэдыж хъуащ. Ар дымыгъэкIуэдыжыну иужь дитщ ауэ дыпэлъэщыжыну къысщыхъукъым. Дэ хэкур къэдбгына иужь дызэпэIэщIэу зы зэманыфI дэкIащ, Тыркуми илъэс I5 лъандэрэ тIэкIу нэхъ хуит хъуа хуэдэу щыт щхьа, ди бзэ ди хабзэр дгъэкIуэдыжащ. Хэкурыс ди къуэшхэр иджыпсту ящI япс тесыжхэщ, сыт хуэдизу Урысей Федерацэм хэтыми ахэр нэхъ хуитхэщ. Тыркум иджыпсту зы щIалэгъуалэ къызэщIэрыуащ, бзэи ямыщIэжыу, хабзи ямыщIэжыу ауэ, текнолгием теухуауэ фIыуэ зэрыщIэхэу, зыгуэрэхэр я мураду, зыгуэрэхэр утыкум къыралъхьэну ауэ, ахэр пратыкэм теухуауэ тэмэму ямыIэу, Адыгэбзэм теухуауэ лъабжьэ димыIэхэу щытщ. Хэкум теухуауэ нэхъри зэпыщIауэ дыщытын хуейщ. Псалъэм папщIэ унафэ къатщтэу дызэбгырымыкIыжу, пыухыкIауэ фIы гуэрхэр длэжьын хуейщ. Гупурэ хэкум дыкIуэн хуейщ, Тыркум иуниверситетхэм икIыу, нэгъуэщI гупхэри. Мес иджыблагъэ Налшык университетым къикIа щIалэгъуалэм Тыркур ядгъэлъэгъуахэщ, къуажэхэри къакIухьахэщ зыхэтахэщ, мис апхуэдэурэ, ар фестивал хуэдэми, бзэм теухуауэ, экономика теухуауэ, щэнхабзэм теухуауи щыррет, мис апхуэдэхэр куэду къэдгъэхъуну дыхуэныкъуэщ. Ди щIалэгъуалэр экономика, текнологие теухуауэ дэ нэхърэ нэхъ япэ ищ хъуахэщ, ахэр тегъэгушхуэн хуейщ.”
Жэмбей сейдан и нэгу щIэкIари щапхъэу къехь “Нэгъабэ хэкум къикIыу къэкIуа ныбжьыщIэ цIыкIухэм бгъэдэдгъэса адыгэбзэ ныкъуэ, Тырку Адыгэ цIыкIухэм, нобэр къыздэсым ящыгъупщакъым, а цIыкIухэм зызэпащIауэ щытщ, зопсалъэхэр, мис апхуэдэхэр нэхъыбэу къызэдгъэпэщын хуейщ” жеIэри.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие