Тыркум щыпсэу адыгэхэм жаIэ пенсэ нэужьым лэжьэну хуэмейуэ


Къущхьэ Даняль. Тыркум, Мараш къалэ.

Тыркум щыпсэу адыгэхэр пенсэм кIуа нэужь гъащIэр сыт хуэдизу гугъу хъуами нэхъыбэр мылажьэу апхуэдэщ. Я бын ирагъэджахэр, лэжьыгъэ IэнатIэ зрагъэгъуэтахэм езым я гуащIэкIэ псэужыфу зэрыщытми щогугъухэр. Куэдым я бынхэр езыхэм нэхърэ нэхъ къалэжьу, уеблэмэ,  я адэ анэм ядыIэпыкъуу щытщ.

lуэхугъуэм теухуауэ и гупщысэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом къедгъэпсэлъащ, зыкъом щIауэ пенсэм кIуа  Къущхьэ Даняль.

Къущхьэ Даняль:  Тыркум деж цIыхухэр илъэс 60-м иту пенсэм макIуэ.  Мы хабзэр къыщемыжьэ ипэхэм илъэс 40-50-м иту пенсэм кIуэт. Дэри ахэм дащыщщ, псалъэм папщIэ сэ илъэс 43-м ситу пенсэм сыкIуащ. Иджыпсту пенсэм кIуа цIыхухэм я улахуэр къызэрыгуэкIыу къапщтэмэ,  Тырку ахъшэкIэ лира 1000-щ,тIэкIу нэхъыбэу, нэхъ мащIэу къыдэзых щыIэми. Ар долларыу къапщтэмэ доллар 350-рэ мэхъур.

Тыркум дэс адыгэхэр пенсэм кIуа нэужь нэхъыбэр сэ схуэдэу щысщ, къакIухьри дэтщ мылажьэу. «Унафэ дыгъэщI, дыгъашхэ апхуэдэщ дэ ди псэукIэр». Лэжьыгъэ, лэжьапIэ дымыгъуэтынуи араIым, адыгэхэр зыпэрыт я къалэн ягъэзащIэу, фIы дыдэщ ауэ пенсэ нэужьми аращ нэхъыбэр.  

Ар къызыхэкIыр ди бынхэр идогъаджэ, ахэм лэжьыгъэ, лэжьапIэ ядогъэгъуэтри, итIанэщ пенсэм дыщыкIуэр.  Ауэ адрей лъэпкъхэр нэхъ мэлажьэхэр дэ нэхърэ, пенсэ нэужьми сытым дежи мэлъэпIастхъэхэр ахэр.

Ди щIалэгъуалэм нэхъыбэр еджащ хъарзынэу, лэжьыгъэ хъарзыни яIэщ.

Емыджэфахэри фирмэ сытхэм щолажьэхэр, я Iуэхухэр фIыщ. Къашэнуми зыгуэр къащэхунуми я адэ анэм щыгугъухэкъым, уеблэмэ куэдыр я адэ анэм ядоIэпыкъухэр. Псалъэм папщIэ иджыпсу сэ си бынхэр, си къуэхэр садыIэпыкъун дэнэ къэна, езыхэр къыздоIэпыкъу.

Тыркум ис адыгэр къапщтэу щытым куэд я нэгу щIэкIащ, ягъэващ. Ауэ дэ апхуэдэу дыпсэуами иджы ар блэкIащ. Иджы щыIэхэм я гъащIэр нэхъ тыншщ, нэхъ дахэщ. Ахэр дунейми нэхъ яхозагъэ.  Адыгэхэм ди Iуэхур нобэ нэхъыфIщ.

Мыри къыжысIэну сыхуейт, иужьрей илъэсхэм «ди хэкужьыр» жаIэри цIыхухэм куэдыр хэкумкIэ мэкIуэж. Мес сэ си къуэшищыр илъэс 6-7 хъуауэ кIуэжыпауэ абы, Къэбэрдейм щопсэу. ТIум абы къыщашащ, быни яIэщ икъукIэ арэзыщ зэрагъэзэжамкIэ. Сэри сыкIуэжыну си нэр къокI. Алыхьым дэнэкIэ щыIэ адыгэри игъэузыншэ, гу IэфIрэ, гуфIэгъуэрэкIэ зэрылъагъурэ зэрылъытэу дунейм тригъэт.


Тыркум деж иджыпсту официалу цIыхубзри цIыхухъури илъэс 60-м иту пенсэм макIуэ. АбыкIэ мыарэзыуэ цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм щIэх-щIэхыу а Iуэхугъуэр къаIэт, пенсэм зэрыкIуэн хуей илъэс бжыгъэр яфIэкуэдщи.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие