Дау Ширин
Мараш университетым экономикэ къэпщытэныгъэм и лэжьакIуэ
Анзорей жылагъуэ, Тырку.
Адыгэхэм япэрей зэманым балигъ хъуакъым жаIэри япхъу ятынуми, я къуэ кърагъэшэнуми я акъыл мытIысауэ, унагъуэр зиIыс къагурыIуэ мыхъуауэ къыхуашэтэкъым. Иджырей зэманым куэдым зихъуэжащ. Псалъэм папщIэ, Тыркум щыIэ Адыгэ хъыджэбзэр сыт хуэдэ ныбжьым иту дэкIуэхэрэ? ЩIалэхэм иджыри къамышэу куэдрэ дэсхэрэ?
Мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ зыхуэдгъэзащ, Тыркум щыIэ Анзорей жылагъуэм щыщ, университетхэм къэпщытакIуэу щылажьэ Дау Ширин.
Дау Ширин: “Адыгэхэм япэхэм нэхъ гувауэ унагъуэ яухуэт, ауэ иджырей щIалэгъуалэхэм унагъуэ нэхъ пасэу зэрагъэгъуэт. Ар къызыхэкIри экономикэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ хуитхэщ, езыхэм къалэжьымкIэ, нэхъыжьхэм я деж нэмысыу, унагъуэ яухуэжыфыр. ИтIанэ, дунейри цIыкIу хъуащ, япэхэм хуэдэу цIыхухэр зэпэжыжэжкъым, технологиекIэ дэни уносыфыр, интернет, телефон псори щыIэщ. Америкам, Еуропэм хэт ухуейми уопсэлъэф, къыбоцIыхуф. Абы къыхэкIкIэ, хъыджэбзхэр, щIалэхэр щIэх зэрощIэ, зэгуроIуэр, щIэхи унагъуэ зэрагъэпэщыф. Ауэ унагъуэм лъагъуныгъэ, хабзэ, щIыхь зэримылъу, щIэх зэбгъэдокIыжхэр.
Адыгэ хабзэр гугъукъым, ауэ иджырей зэманым къемызэгъхэр куэду хэтщ. Япэрей хабзэжьхэр нэхъыжьхэм зэраукъуэдийуэ, нэхъ щIалэгъуалэм ар къогуауэр. Нэхъыжьхэр езыхэр зыщыпсэуа зэманым уеплъым, иджыпстурей дунейр куэдкIэ зэкIуэкIащ. Иджырей щIалэгъуалэм ягурыIуэнкIэ гугъу йохьхэр, ахэми пэжагъ хэлъщ. Иджырей щIалэгъуалэр, дызис Тыркум хэзэгъэн зэрыхуейр, итIанэ дунейр здынэсами кIэлъыщIэхьэн зэрыхуейми пэжагъ хэлъщ.
Тыркум деж адэ-анэ дызэупщIахэм зэрыжаIэмкIэ, курыту къапщтэу щытым, нэхъыбэр илъэс 20-м иту докIуэхэр, къашэр, ауэ абы яхэтщ илъэс I7-I8-м итыу дэкIуэхэри. Мис апхуэдэхэм адэ-анэхэр егъэгузавэ – апхуэдэ унагъуэхэр быдэ мыхъуну, нэхъ щIэх зыбгъэдэкIыжынкIэ мэшынэхэри.
Зыхэзылъхьар Емуз Баязытщ