Нэрыбгищэм щIигъу адыгэ щIалэгъуалэ Налшык къикIыу Черкесск джэгу зэрырагъэкIуэкIам и сурэтхэр интернетым къызэрыралъхьэу Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адрей лъэпкъхэм я мыаразыныгъэр къратхэу хуежьат, а Iуэхугъуэм и мыхьэнэр къагурымыIуэу жаIэу. А псалъэхэр къыщIежьам и щхьэусыгъуэхэр зригъэщIэну Хуитыныгъэ Радиом зыхуигъэзащ Къэрэшей-Шэрджэс щIалэгъуалэм яхэт Шурдым Жансэт.
Шурдым Жансэт: Си ныбжьэгъухэмрэ сэрэ хуабжьу ди гуапэу адыгэ джэгум дыхэтащ. Хэкужьым деж адыгэхэр здыщыпсэу хьэгъуэгуищым илъэс къэс щокIуэкI мыпхуэдэ зэIущIэхэр, ауэ иужьырейм псалъэ куэд къикIащ. Абы нэхърэ а псалъэхэр къезыхьэжьэ адрей лъэпкъхэри къытхэувэу къыддэфамэ нэхъ гуапэт. Я мыаразыныгъэр къызыхэкIар къызгурыIуакъым, ауэ псоми ящIэну сыхуейт Къэбэрдеймрэ Шэрджэсымрэ щыпсэу адыгэхэм джэгу зэрырагъэкIуэкIам политикэ Iуэху хэтакъым. Ди гъунэгъу лъэпкъхэм къагурыIуэн хуейщ, дэ адыгэр дызылъэпкъщи ди япэкIи дызэкIэлъыкIуэнущ.
Налшык къикIа гупым я нэхъыжьу яхэтащ Бырхьэм Мухьэмэд:
Бырхьэм Мухьэмэд: Дэ ХьэжрэткIэ дыныводжэ, Къэбэрдейм и зы Iыхьэу фыкъыдолъытэр. Дэ дыадыгэщ, псори дызылъэпкъщ. Абы ипкъ къикIкIэ щIалэгъуалэм унафэ щащIым, дэри дэрэжэгъу дыкъыщащIым дыкъэкIуа ди гуапэу. Ди адыгэ лъэпкъыр дгъэлъапIэну, дгъэгушхуэну, Iуэху яIэмэ ядэтIыгъыну.
Хуитыныгъэ Радио: АтIэ адыгэм нобэ сыт и дунейр, лъэпкъыр зэрыIыгъыу къэплъытэрэ?
Бырхьэм Мухьэмэд: Пэжым и нэгум уиплъэу щытмэ, лъэщу, быдэу дызэрыIыгъ жыпIэнуи къемызэгъ, ауэ гугъапIэ гуэрхэр къыдет щIэблэм. ЗэрыIыгъ нэпцIыурэ къекIуэкIащ Совет властыр, гъуэгу цIантхъуэрыгъуэ дытрагъэта. Лъэпкъыр дагуэша, цIэ зэрыз къытфIаща щхьэкIэ дэ дощIэж дызэрыадыгэр. Ди бзэр зыщ, лъы дыщIэтыр зыщ, ди хабзэр зыщ, псори дыадыгэщи, сыт хуэдэ зэмани ар дыщIэжу дунейм дытетыну ди къалэнщ. Ар къызгурыIуэр нобэ нэхъыбэ мэхъури абыи дэрэжэгъу къыдет. Ари хъуэпсапIэу диIэти къыдэхъулIэу фэ изоплъ.
КъуэщIысокъуэ Мартин: Налшык деж адыгэ джэгу бэрэжьей къэс идогъэкIуэкI. Черкесск къалэми щрагъэкIуэкIыу зэхэтхати, дыкъакIуэу дэ дызэрызылъэпкъыр, зы хэку дызэрисыр къэдгъэлъагъуэу Къэбэрдейм джэгу щезыгъэкIуэкIхэр мыбыкIэ дыкъакIуэу джэгу дызэгъусэу едгъэкIуэкIыну гукъыдэж диIэти дыкъэкIуа.
ДыгуфIэжу ди къуэшхэм я деж докIуэ жытIэурэ ди хэкум къызэрыщыткIухьыр гукIэ зыхэтщIэурэ дыкъэкIуащ. Тхьэм и шыкур, иужьырей зэманым дэнэ щыIэ адыгэхэм зэпыщIэныгъэ щыдиIэщ, кIуэ пэтми ар нэхъыбэ мэхъу. ИнтернеткIэ псори дызэрощIэхэр, ди хэкум щыпсоухэри дызопсалъэ. А зэпыщIэныгъэр нэхъри нэхъыбэ зэрытщIынум дыпылъщ.
СыхьэтитIым щIигъукIэ екIуэкIа адыгэ джэгур хабзэм тету УджкIэ зэхуащIыжащ. ЩIалэгъуалэм я гухэр нэхъри зэIухауэ, мыпхуэдэ Iуэхугъуэ гуапэхэр ди япэкIи зэрырагъэкIуэкIынум шэч къытрамылъхьэу, ныбжьэгъугъэ дахэ я кум дэлъу зэбгыркIыжахэщ.
Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск