Мыщэ Берслъэн
Щакlуэгъуэм и 24-м Тыркум и хьэуа щIыгъуапкъэр зыкъута Урысейм и лэгъымыдз дзэ кхъухьлъатэр Тыркум къызэриудыхырэ къэралитlым я зэхущытыкIэ ткIиныгъэр иджы лажьэ зимыIэ Тырку еджакlуэхэм яшэчыр.
Тыркум къыщыдэкl Миллиет Газетым къызэритымкlэ Урысейм lуниверситет щеджэу иджыпсту Тырку еджакIуэ I.030-рэ щыIэщ. А еджакIуэхэр мэтхьэусыхэ я егъэджакlуэхэм къыхагъэзыхьыу, Урыс Профессорхэр я дерсхэм къыщlэхьэну хумейуэ жаIэри.
Тырку еджакIуэхэм тхьэусыхэ тхылъ куэд къыхуагъэхьащ Тыркум гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэкIэ министерствамрэ, Тырку lуниверситетхэм я нэхъыщхьэхэмрэ я деж. Нэхъ ипэ щIыкIи Урыс полисхэр Тырку еджакIуэхэр зыщыпсэу фэтэрхэм теуэхэри Тырку еджакIуэхэм я паспортхэр къапщытауэ щытащ.
Иджы Урысей Воронеж текноложи Энститут унафэщIхэм Тырку еджакIуэхэр хагъэзыхь, “Урысейр фыбгынэ” жаIэри. ИкIи еджакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ Урыс Профессор языныкъуэр Тырку еджакIуэхэм я дерсхэм къыщIэмыхьэу, къыщIыхьэ зэрызыми, “Тырку еджакIуэхэр щIэдгъэкIынукъым” жаIэ.
lуэхугъуэм теухуауэ и гупсысэхэмкIэ деупщIащ, Тыркум и lизмир къалэ щыщ лъэпкъ лэжьакIуэ Мыщэ Берслъэн.
Мыщэ Берслъэн: Урысыемрэ Туркиемрэ зэрызэпэувар лъэщу сигу къоуэр. Хэкужьым щыщ Адыгэ щIалэ егъаджэу Туркием щыIэхэр зэрашэжар, Туркием щыщ студиенту Урысием щеджэхэм я lуэхур нэхъ къыин зэрыхъур дигу къоуэр.
Студентхэм, бизнесменхэм, туристхэм лажьэ яIэкъым. Лажьэ зимыIэ цIыхухэм я lуэхухэр къыин хъуащ. Туркием и Iуэху еплъыкIэри сэркIэ тэрэзкъым. Тырку хьукумэтыр мамырыныгъэм нэхъ хущIэкъуу, нэхъ тэрэзу мы Iуэхум иужь итын хуейщ. Мис студентхэм, Бизнесменхэм нэгъуэщIхэми я Iуэхухэр нэхъри къыин мэхъур, ахэм и зэман блэмыкIыу хуэлэжьэн хуейщ.
Дэ Адыгэхэр дэнэ дыщыпсэуми мамырыныгъэр дигъусэн хуейщ. Урысиемрэ Туркиемрэ нэхъ тэрэзу зыгурыIуэжын щхьа тэрэзу дылэжьэн хуейщ. Армыхъум мы бырсырым нэхъ къыин зылъагъунур Адыгэхэращ.
Тыркум дунейпсо еджакIуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Агъаогълу Нихьат Бугъура lуэхугъуэм теухуауэ мыпхуэдэу къыжиIащ, “КъэралитIым я политик
зэхущытыкIэр гъэсэныгъэ, егъэджэныгъэм къэсын хуейкъым, Урысейм щыIэ Тырку еджакIуэхэр иджыпсту шынагъуэм хэхуауэ хъыбар къытIэрохьэ, дэри абы я унафэщIхэм запытщIауэ щытщ, еджакIуэхэм я еджэн хьэкъым зыри пэуджэн хуейкъым, мы Iуэхугъуэр мамыр хабзэкIэ зэфIэтхыну дыхуейщ” жэуэ.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие