Адыгэм и хабзэхэм ящыщщ, гушыIэ дахэ зыхэгъэлъыныр. Нобэрей адыгэ лъэпкъ театрым и гушыIэхэр сытым тетми къищIэну Хуитыныгъэ радиом къригъэпсэлъащ Къэбэрдей Балъкъэрым и цIыхубэ артист, уэрэдус, драматург Думэн Мурадин.
Думэн Мурадин: ГушыIэр хъарзынэщ, ауэ гушыIэнри зыщхьэщедз. СогушыIэ жыпIу, адыгэм къемыкIу псалъэ, сценэм къыщыбгъэлъагъуэ мыхъун, цIыхубэм зыхебгъэх мыхъун жыпIу угушыIэ хъунукъым.
Адыгэм гушыIэ дахэ диIэщ. Дэ адыгэ лъэпкъым дыкъызэрыхэкIар тщыгъупщэ хъунукъым. Нобэ нэхъыбэу дызэрылажьэр щIэнэкIалъэ жыхуиIэращ. Ныукъсаныгъэу ди лъэпкъым хэлъыр дэ Iэуан тщIыжыфын хуещ, сыту жыпIэмэ зыгуркIэ зыгуэрым гу зылъитэжым ар ди дежкIэ нэхъапэщ, нэхъ щхьэпэщ.
Пэжщ, щIэнэкIалъэ къудей къэбгъэлъагъуу сценэм ущытетым деж куэдым ягу ирихькъым, абы теухуауэ ди адыгэр тIэкIу сэхъуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи гушыIэ къемызэгъхэр щыжыпIэм и деж ди цIыхухэм нэхъ ягу ирохь. Арауэ къыщIэкIынщ иджыпсту ди цIыхухэр нэхъ мащIэ щIэхъуар.
Ауэ дэпхуэду щымытми артистхэр нэхъыбэу зыщIэлэжьын хуер сатирэ жыхуиIэрау къысщохъу. Щэнхабзэр къапщтэмэ, театрыр нэхъыжь дыдэхэм яхэтщ. Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр щызэпцIа гъащIэ жыхуиIэ лъандэрэ къежьау апхуэдэщ. Театрыр псэун хуещ, театрыфI зиIэм и насыпщ.
Дапхуэдэ Iуэху мыхъуауэ щытми театрыр нэхъыбэу гъэсэныгъэм теухуауэ щытын хуещ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи театрым къэралым гулъытэшхуэ хуищIкъым. Театрым гулъытэ иIэн папщIэ тетрым и лэжьакIуэхэм псом нэхъыбэ улахуэ къахьыу, нэхъ хэIэтыкIау щытын хуещ. Къэралым, нэхъыжьхэм хаIэтыкIын хуещ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи езы артистхэми зы псалъэ жаIэкъым абы теухуауэ. Тетрыр псэунми мыпсэунми хуитыр нэхъыщхьэхэращ.
Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ радио. Къэбэрдей Балъкъэр